Сэ ф1ыуэ слъагъу нарт л1ыхъужь сочинение сосрыкъуэ 8 класс

Инфоурок родной язык презентациипрезентациеу: нарт эпосым бзылъфыгъэ образэу къыхафэхэрэр. сэтэнае иобраз. описание презентации по отдельным слайдам: 1 слайд описание

Инфоурок

Родной язык
ПрезентацииПрезентациеу: «Нарт Эпосым бзылъфыгъэ образэу къыхафэхэрэр. Сэтэнае иобраз.»

«Нарт Эпосым бзылъфыгъэ образэу къыхафэхэрэр. Сэтэнае иобраз.»

Описание презентации по отдельным слайдам:

  • 1 слайд

    «Нарт Эпосым бзылъфыгъэ образэу къыхафэхэрэр. Сэтэнае иобраз.»

    Описание слайда:

    «Нарт Эпосым бзылъфыгъэ образэу къыхафэхэрэр. Сэтэнае иобраз.»

  • 2 слайд

    Нарт Эпосыр Нарт эпос - илъэс пчъагъэм, л1эш1эгъу пчъагъэм адыгэхэм къаугъо

    Описание слайда:

    Нарт Эпосыр
    Нарт эпос — илъэс пчъагъэм, л1эш1эгъу пчъагъэм адыгэхэм къаугъоижьыгъэу жанрэ зэфэшъхьафхэмк1э тхыгъэу къыднэсыжьыгъэ къэбархэр ары.

  • 3 слайд

    Нартхэм якъэбархэрАдыгэ лъэпкъыр анахь зэрыгушхорэр жэры1о усэхэм ащыщ л1ыхъу

    Описание слайда:

    Нартхэм якъэбархэр
    Адыгэ лъэпкъыр анахь зэрыгушхорэр жэры1о усэхэм ащыщ л1ыхъужъ нарт эпосыр. Нарт эпосыр адыгэ орэдхэу, хъишъэхэу, пщыналъэхэу зэхэубытагъэу, нарт батырхэм яхьыл1агъэу илъэс мин пчъагъэ зыныбжьхэр ары. Хьэдэгъэл1э Аскэр нартхэм якъэбархэр дэтэу томибл хъурэ тхылъ къыдигъэк1ыгъ.

  • 4 слайд

    Нарт эпосым бзылъфыгъэ образэу къыхафэхэрэр:Сэтэнэе гуащ, Адыиф, Акуанд, Шъхь

    Описание слайда:

    Нарт эпосым бзылъфыгъэ образэу къыхафэхэрэр:
    Сэтэнэе гуащ, Адыиф, Акуанд, Шъхьац ш1уц1э дах, Дэхэнагъу.

  • 5 слайд

    Сэтэнае лъэпкък1э зыщыщырСэтэнэе гуащэр илъэпкъык1э Алыджэхэм къахэк1ыгъэу ал

    Описание слайда:

    Сэтэнае лъэпкък1э зыщыщыр
    Сэтэнэе гуащэр илъэпкъык1э Алыджэхэм къахэк1ыгъэу алъытэ. Янэ – Лалыхъу гуащ
    Ятэ – Озрэкъатхъ. Къэрданхэм ап1угъэу ары.
    Мифологием зэрэхэтымк1э Сэтэнае егъаш1эм щы1эрэ ц1ыф (бессмертная).

  • 6 слайд

    Сэтэнэе гуащэм ыц1э къик1рэрСэ-тэн-ай. «Сэ»-»сэ», «сэшхо» «сэжъый» зыфи1у

    Описание слайда:

    Сэтэнэе гуащэм ыц1э къик1рэр
    Сэ-тэн-ай.
    «Сэ»-»сэ», «сэшхо» «сэжъый» зыфи1у, нэмык1эу къэп1он хъумэ «1ашэ»
    «Тэн» — «тэн», «еттын зыфи1у»
    «Ай» — ц1э гъэнэфагъэм къыпыхьэу, ар къэзгъэлъагъорэ суффикс.
    Ц1эу «Сэтэнай» зыфи1орэм къик1рэр «Сэ зытрэ» е «Сэты», нэмык1эу п1он хъумэ «1эшэты».
    Ц1эу «Сэтэнай» зыфи1орэр адыгэмэ заусыгъэщтыр ижъ дэдэрэ лъэхъан чыжьэ дэдэу, пэсэрэ ц1ыфхэмэ азыфагук1э «Сэ» -м тетыгъор зе1ыгъыр «Сэ» -м илъэхъан ары. Ащыгъум «1ашэр зиер нахь лъэшэу». 1ашэр зием тетыгъо лъэхъаныэу щытыгъэн фае.

  • 7 слайд

    Сэтэнэе гуащэ иобразСэтэнэе гуащэ иобраз нарт эпосым ч1ып1э ин дэдэ щеубыты.

    Описание слайда:

    Сэтэнэе гуащэ иобраз
    Сэтэнэе гуащэ иобраз нарт эпосым ч1ып1э ин дэдэ щеубыты. Ар акъылыш1у, къэхъущт – къэш1эщтхэр еш1эх, нарт псэуми яупч1эжьэгъу, ы1орэм тыгъэри къедэ1у. Бэ Сэтэнэе гуащэ нартмэ афиш1агъэр.Ш1уш1агъэу и1эмэ афэш1 «гуащэк1э» ащ еджэщтыгъэх.

  • 8 слайд

    Сэтэнае - дэхагъэм исимвол.Адыгэмэ пшъэшъэ дахэ залъэгъук1э: «Нартмэ я Сэтэна

    Описание слайда:

    Сэтэнае — дэхагъэм исимвол.
    Адыгэмэ пшъэшъэ дахэ залъэгъук1э: «Нартмэ я Сэтэнае гуащэ пш1ыгъэмэ ар хъун!» а1ощтыгъэ.
    Къэбар1уатэм мыщ фэдэу е1о: «Сэтэнаер къыщи нартыр ядэжь къэк1ожьыгъ», ащ къик1рэр – бзылъфыгъэ дахэр ары.
    Сэтэнае — зидэхагъэ мык1осэрэ бзылъфыгъ.
    Кавказым ис ц1ыфлъэпкъмэ, шъхьадж ежь ыбзэк1э: «черкешенка-символ красоты» зэра1орэр ары.
    Ащ фэшъхьафэу, а ц1эр адыгэмэ ыужк1э къэгъэгъэ дахэм фаусыжьыгъ.

  • 9 слайд

    Сэтэнай – къэгъагъ.Сэтэнай - гуащэм къэгъэгъэ дахэ горэ, Пшызэ 1ушъо, мэзблыг

    Описание слайда:

    Сэтэнай – къэгъагъ.
    Сэтэнай — гуащэм къэгъэгъэ дахэ горэ, Пшызэ 1ушъо, мэзблыгу горэм къотэу къыщилъэгъугъ. «Мыщ фэдиз зидэхэгъэ къэгъагъэр тиунэ пчъэ1упэ 1узгъэ1ыстэнышъ, зылъэгъурэм кыгъэлагъоу 1орэт!» — ы1уи ядэжь къыхьыгъагъ, а1уагъ. Къыхьи ч1ым хигъэ1ыстагъ. Ыужырэ мафэм ащ еплъымэ — ытхьапэмэ загъэчэрэзыгъ — гъугъэ. Ар Сэтэнай — гуащэм лъэшэу ш1оигъуаджэ хъугъэ. Зэгорэм а къэгъэгъэ дэхэ дэдэм фэдэ къыхьи: «Ыпэрэр мыхъугъэми мыдырэр хъунк1и хъун» — ы1уи, ят1онэрэу ет1ани ыгъэ1ыстагъ. Ари гъугъэ. Ящэнэрэу къыхьи: «Ыпэрэхэм афэмыдэу мыр мыгъунк1и хъун, — ы1уи, пчъэ1упэм 1уигъэ1ыстагъ. Ащи ытхьапэхэм зыкъырагъэ1ыхыгъ. Сыд пае мэз блыгум зэрэпсаухэу къосымыгъэтыгъэх!» — к1эгъожьыгъэу ышъхьэ фи1ожьыгъ. Ош1э — дэмыш1эу ошъуапщэхэр къытезэрэхьэхи, ощхышхо къещхыгъ. Нэужырэ мафэм еплъымэ: Сэтэнай — гуащэм икъэгъагъэ гъэш1эгъонэу зыкъы1этыжьыгъ. Гуш1уагъэ Сэтэнай — гуащэ. Ощхыпсым къэгъагъэм ыпсэ арэущтэу къыпигъэкЬжьыгъ. Арэущтэу апэрэу ц1ыфмэ псым ш1уагъэу и1эр къаш1агъ. «Псыр — псэм фэд» — нартмэ а1уагъ.

  • 10 слайд

    Сэтэнай гуащэм икъэгъагъ

    Описание слайда:

    Сэтэнай гуащэм икъэгъагъ

  • 11 слайд

    Гъуй чъыг ц1ык1у «Сэтэнай» «Сэтэнай» ыц1эу, гъуй чъыг ц1ык1у щы1, — е1о бжъ

    Описание слайда:

    Гъуй чъыг ц1ык1у «Сэтэнай»
    «Сэтэнай» ыц1эу, гъуй чъыг ц1ык1у щы1, — е1о бжъэдыгъу щыщ къэбары1уатэу Л1ыбзыу Ахьмэдым. — Ащ «хъырко пан» ра1оуи мэхъу. Мэкъу хашъоми кошэ заулэу къыщэк1ы, къэгъагъ зэфэшъхьафхэр я1эхэу, къыпэк1эх. Къэбэр1отэ гъэнэфагъэу К1уай Исмахьилэ «Сэтэнай» адыгэмэ зыфа1орэ къэгъагъым изытет дэгъоу еш1э: «Хьаным фэдэу, пхъэ ц1ык1у лъэпкъ, ылъапсэ пэрэцэ куаш, къэгъэгъэ к1эпхъ — т1эп1ыгъашъоу, анджрэф т1эп1ыгъэм фэдэу щыт. «Сэтэнай» — пхъэми, ащ къыпык1эрэ къэгъагъэми ыц1. Адыгэ мэкъумэщыш1эхэм «Сэтэнай» зыц1э къэгъагъэр аш1эщтыгъ, ягубгъо 1офш1энхэри календарь папк1эу зыгорэущтэу ащ рапэсыщтыгъ. Гущы1эм пае, адыгэ гущы1эжъмэ мырэущтэу ахэт.
    «Сэтэнаер шъхьалъагъэу
    Жъогъэ гъунэм имыхыжь».
    Ащ къик1ырэр — «Сэтэнэе» къэгъагъэр шъхьалъэмэ — гъэм к1асэ узэрэфэхъугъэр, гъэтхэ губгъо 1офш1энхэм узэрафэгужъуагъэр ары. Адыгэ бжьахъомэ гущы1эжъ я1:
    «Сэтэнаер шъхьалъэмэ, бжьэм телъхьэ фэмыш1ыжь» ы1оу.
    Арэущтэу нарт бзылъфыгъэм ыц1эу «Сэтэнай» зыфи1орэм къик1ырэр адыгэхэм дэгъоу къагурэ1о, хъишъэ гъэнэфагъэхэри пылъых.

  • 12 слайд

    ЗэфэхьысыжьНарт эпосым хэт бзылъфыгъэ образхэм анахьэу къахэщы Сэтэнае гуащэ

    Описание слайда:

    Зэфэхьысыжь
    Нарт эпосым хэт бзылъфыгъэ образхэм анахьэу къахэщы Сэтэнае гуащэ иобраз, сыда п1омэ, ар Нарт л1ыхъужъмэ ян, акъылъыш1у, упч1эжьэгъу, дэхагъэм исимвол. Ащ ыц1э къэгъагъэм ык1и гъуи чъыг ц1ык1ум ехьы.

  • 13 слайд

    Литературэр Бахъукъо Е. П., Лъэпц1эрышъэ Хъ. Г., Хъут Щ. Хь. Литературэм итер

    Описание слайда:

    Литературэр
    Бахъукъо Е. П., Лъэпц1эрышъэ Хъ. Г., Хъут Щ. Хь. Литературэм итерминхэмк1э гущы1алъ. – Мыекъуап, 1994.
    Муслимат Н., Адыгская худжественная культура. – Майкоп: РИПО «Адыгея» ,2000.
    Нартхэр. Адыгэ эпос. – Мыекъуапэ 1968, том 1, н.43 — 46.
    https://dic.academic.ru/dic.nsf/enc_myphology/3776/%D0%A1%D0%90%D0%A2%D0%90%D0%9D%D0%95%D0%99

Если Вы считаете, что материал нарушает авторские права либо по каким-то другим причинам должен быть удален с
сайта, Вы можете оставить жалобу на материал.

Пожаловаться на материал

Сэ ф1ыуэ слъагъу нарт л1ыхъужь сочинение сосрыкъуэ 8 класс

  • Сейчас обучается 941 человек из 79 регионов

Сэ ф1ыуэ слъагъу нарт л1ыхъужь сочинение сосрыкъуэ 8 класс

  • Сейчас обучается 308 человек из 63 регионов

Сэ ф1ыуэ слъагъу нарт л1ыхъужь сочинение сосрыкъуэ 8 класс

  • Сейчас обучается 1013 человек из 81 региона

Найдите материал к любому уроку,
указав свой предмет (категорию), класс, учебник и тему:

также Вы можете выбрать тип материала:

  • Все материалы

  • Статьи

  • Научные работы

  • Видеоуроки

  • Презентации

  • Конспекты

  • Тесты

  • Рабочие программы

  • Другие методич. материалы

Проверен экспертом

Общая информация

Похожие материалы

  • Воспитательное занятие «Жемчужина народной поэзии-Фазу Алиева»

  • КИМ родной язык (русский)

  • Рабочая программа по «Родному русскому языку» 5-9 класс

  • Лінгвістычны батл (урок беларускай мовы, 5 клас)

  • Моё портфолио «Учитель года башкирского языка-2021 года»

  • Конспект к уроку «Фииль»

  • Презентация по крымскотатарскому языку «Фииль» (Глагол)

  • Презентация биография Шевкъий Бекторе

  • Не нашли то что искали?

    Воспользуйтесь поиском по нашей базе из

    5455948 материалов.

Вам будут интересны эти курсы:

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация и предоставление туристских услуг»

  • Курс повышения квалификации «Экономика предприятия: оценка эффективности деятельности»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация логистической деятельности на транспорте»

  • Курс повышения квалификации «Организация практики студентов в соответствии с требованиями ФГОС педагогических направлений подготовки»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация деятельности экономиста-аналитика производственно-хозяйственной деятельности организации»

  • Курс повышения квалификации «Правовое регулирование рекламной и PR-деятельности»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация деятельности помощника-референта руководителя со знанием иностранных языков»

  • Курс профессиональной переподготовки «Разработка эффективной стратегии развития современного вуза»

  • Курс повышения квалификации «Мировая экономика и международные экономические отношения»

  • Курс профессиональной переподготовки «Деятельность по хранению музейных предметов и музейных коллекций в музеях всех видов»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация системы менеджмента транспортных услуг в туризме»

  • Курс профессиональной переподготовки «Политология: взаимодействие с органами государственной власти и управления, негосударственными и международными организациями»

  • Курс профессиональной переподготовки «Гражданско-правовые дисциплины: Теория и методика преподавания в образовательной организации»

Кабардино-Балкарская Республика

Прохладненский муниципальный район

Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение

«Средняя общеобразовательная школа №2с.Карагач»

1314815 1

(Заключительное занятие по теме «Адыгский нартский эпос и его культурно-историческое значение»

по программе внеурочной деятельности

«Адыгэ хабзэ» духовно-нравственного направления).

Выполнили:

учащиеся 6 класса

Руководитель:

классный руководитель

Куважокова Жанна Тольбиевна

Ноябрь 2019г

«Нарт л1ыхъужьхэм деж дыщохьэщ1э»

(класс щ1ыб лэжьыгъэ)

Фи махуэ ф1ыуэ, пщ1э зыхуэтщ1 ди хьэщ1э лъап1эхэ!

Республикэм щек1уэк1 инновационнэ площадкэм хэт ди еджап1эм иригъэк1уэк1 лэжьыгъэм и зы къудамэщ еханэ классым щеджэ сабийхэм ехьэл1а «1уэры1уатэр сабий гъэсэныгъэм и зы 1эмалщ» зи ф1эщыгъэц1э программэр.

А программэм и мурад нэхъыщхьэщ: Адыгэ хабзэм, 1уэры1уатэм зыщигъэгъуазэк1эрэ зи хэку, зи лъэпкък1э пагэ сабиим и духовно-нравственнэ зыужьык1эм хэгъэхъуэныр.

А мурадыр къыдэхъул1эн папщ1э мы къалэнхэр зыхуэдгъувыжащ:

1)1уэры1уатэр ц1ыхубэ 1ущыгъэу, гъащ1эм и дахагъэу и къарууэ зэрыщытыр сабийхэм на1уэ ящыщ1ыныр;

2)ц1ыхум хэлъын хуей пэжыныгъэр, лъэпкъым и хабзэхэм хуэщ1ын хуей гулъытэр, нэхъыжьым хуэщ1ын хуей пщ1эр, нэмысыр убзыхуныр;

3)сабийхэм я бзэм и къабзагъым зегъэужьыныр.

Ат1э ц1ык1ухэ, зэман к1эщ1ым къриубыдэу дгъэзэщ1а лэжьыгъэр дигу къэдвгъэгъэк1ыжыт.

Сабийхэм: нартхэм щыщ хъыбар щхьэхуэхэм деджащ, пшыналъэхэм гъэхуауэ еджэным делэжьащ, абыхэм щыщ пычыгъуэхэр гук1э зэдгъэщ1ащ, нэхъ дыдэзыхьэх л1ыхъужьхэм я сурэт тщащ, пычыгъуэ ц1ык1ухэр дгъэлъэгъуащ.

Еджак1уэ: Нарт эпосым ехьэл1ауэ лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ам къыщытщ1ахэр дэ на1уэ къэтщ1ынщ «Нарт л1ыхъужьхэм деж дыщохьэщ1э» джэгук1э зыбжанэхэр къыщыгъэсэбэпа лэжьыгъэмк1э.

Егъэджак1уэ: Аращи утыкур хуит яхузощ1 ди еджак1уэ ц1ык1ухэм.

Еджак1уэ: Ди проектно-лэжьыгъэр зытеухуар нарт эпосыращ. Дэ абы ехьэл1ауэ дгъэзэщ1а псоми тф1эгъэщ1эгъуэну, дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми гъэсэныгъэ мыхьэнэ и1эм зыщыдгъэгъуазэу, ф1ы къызэрыхэтхыным дыхущ1экъуу дыхэтащ. Мурад зыхуэдгъэувыжауэ щытахэр къызэрыдэхъул1эным дыхуэпабгъэу: нарт эпосым хэт л1ыхъужьхэм теухуа хъыбархэм, пшыналъэхэм зыщыгъэгъуэзэн, абыхэм щ1элъ гупсысэр ф1ыуэ зыхэщ1эн, лъэпкъым и блэк1ам теухуауэ тщ1эм хэгъэхъуэн, ди бзэм зегъэужьын, хабзэ нэмыс тхэлъу, ди Хэку дыкъызыхэк1а лъэпкъыр ди анэдэлъхубзэр ф1ыуэ лъагъун. Уегупсысмэ «Нарт» эпосыр – ар лъэпкъым и гъащ1э к1ыхьыр, и л1ыгъэр, и нэмысыр, и хабзэр, и щэныр, и гуращэ къабзэр, зыщ1эхъуэпсыр, и мурад дахэхэр къэзыгъэлъагъуэщ. Адыгэхэм залъытэж нарт лъэпкъым къытепщ1ык1ыжауэ. Эпосыр лъэпкъым и «сабиигъуэм» топсэлъыхь. Зы ц1ыхуи щы1экъым зи сабиигъуэр ф1ыуэ зымылъагъуж. Аращ дэ ар нобэр къыздэсым ф1ыуэ щ1этлъагъур.

Еджак1уэ: Нарт эпосым и ныбжьыр пхуэгъэбелджылынукъым, апхуэдизк1э жыжьэ къыщожьэри. Пасэрей дунейм и даущ къахьэсащ ди зэманым нарт хъыбархэмрэ, абыхэм лъабжьэрэ купщ1эрэ яхуэхъуар ди лъэпкъым и тхыдэрщ. Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ нэхъ ягъэлъап1э 1уэры1уатэ л1эужьыгъуэ я1экъым адыгэхэм. Хъыбаррэ пшыналъэу зэхэухуэнауэ къэсащ нарт эпосыр ди лъэхъэнэм. Зы хъыбарым адрейр к1элъахьым, зы л1ыхъужьым нэгъуэщ1 л1ыхъужь бгъэдагъэувэурэ, адыгэхэм эпос псо къагъэщ1ащ. Абы зэреджэри адыгэ нарт эпосщ.

Аращи, ди джэгук1эм щ1ыдодзэ. Абы хэтынущ гупит1.

А гупхэм дэ лэжьыгъэу еттащ ц1э зыф1ащыжыну. (1ущ, лъэщ)

Дэ ди гупым зэреджэр 1ущщ. Дызэджа хъыбархэм хэт Сэтэней гуащэ икъук1э пщ1эшхуэ зи1эт, ик1и ц1ыху 1ущт. Дэри дыхуейщ ц1ыху губзыгъэщ къытхужа1эу, бзэ 1эф1 т1урылъу, адыгэхэм хэлъын хуей нэмысыр къыддалъагъуу дыпсэуну.

Дэ ди гупым зэреджэр лъэщщ. Нарт хъыбархэм къыхэщыж л1ыхъужьхэр я лъэщагък1э, я зэф1эк1к1э икъук1э ц1эры1уэхэт, абыхэм я хэкур, я лъэпкъыр ф1ыуэ ялъагъут, ик1и абыхэм лей къызэрытрамыгъэхьэным хущ1экъухэрт. Дэри дыхуейт нарт л1ыхъужьхэм ещхьу, хэхуагъэр тхэлъу, укъыщалъхуа щ1ыналъэм нэхърэ нэхъ лъап1э, укъызыхэк1а лъэпкъым нэхърэ нэхъапэ зэрыщымы1эр къыдгуры1уэу, мамырыгъэм дыхущ1экъуу дыпсэуну.

Ди япэ джэгук1эм зэреджэр «Упщ1э-жэуапщ»

  1. 1уэры1уатэр зищ1ысыр сыт?

  2. Нарт эпосым къыхэщыжу л1ыхъужьхэу хэт сымэ яц1э къиф1уэфыну.

  3. Абыхэм ящыщу хъыбархэм хэт нэхъ л1ы пашэу къыщыхэщыр?

  4. Сосрыкъуэ и ц1эр адыгэбзэк1э къик1ыр сыт?

  5. Дапщэ хъурэ Сосрыкъуэ теухуа хъыбархэр?

  6. Хэт къыджи1эн а хъыбархэм я ц1эр?

Ет1уанэ джэгук1эм щ1ыдодзэ. Абы зэреджэр «Къэщ1эрей и 1ыхьэщ» Дэ иджыпсту нарт л1ыхъужьхэр зыхуэдэр к1эщ1у на1уэ къэзыщ1 пычыгъуэхэр вжет1энщи, фэ ар зэхьэл1ар хэтми къафщ1э.

  1. Нартхэ я къанщ

Зи мэ1уху дыщафэр

Афэр зи джанэ к1уэщ1ыр

Дыгъэр зи пы1э щыгур

Хэту п1эрэ? (Сосрыкъуэ)

  1. Дахэу щы1эм я нэхъ дахэщ

Жэщи махуи нэхуу блэуэ

Л1ыф1у щы1эм ел1ыф1эк1ыу

Л1ыгъэ щ1энк1и пэхъу щимы1э (Дахэнагъуэ)

  1. Щ1алэ есщ

Щ1алэ псыгъуэщ

Ерыщагъыу хэтыр

Зыдынэсыр къыпхуэщ1энкъым! (Ашэмэз)

  1. Бланэ гъэшхар и шэджэгъуашхэщ

Вы гъэшхар и пшапэ 1усщ

Ем ирилъыхъуак1уэщ

Ф1ым ири1эщак1уэщ (Бэдынокъуэ)

  1. Тхьэпэлъытэу ябж пэтми,

Ц1ыхугъэм хуэхейкъым

Бзаджэм и бийщ

Пэжыгъэм, хьэлэлагъым, л1ыгъэм,

Лэжьыгъэм и телъхьэщ (Лъэпщ)

  1. Гуащ1эу щы1эм я нэхъ лейщ

Жыр лэныстэр егъабзэ

Чэнджэщак1уэщ, ущияк1уэщ (Сэтэней)

  1. Щхьэхуэпсалъэ, 1уэр-1эрри

Зыф1ащар аращ

Жьыгъэр ф1ыуэ къе1ами

И чэнджэщхэр сэбэпщ (Уэрсэрыжь)

  1. Езыр ц1ык1ущ, жьэгъухущ

Хышхуэ тхьэрыкъуэу щ1ык1аф1эщ

Къау-къаз щык1эц1у,

Къаз джэдык1э щыгъуалъхьэу

Пщ1эгъуалэ щыгупк1эу

Гупк1э мэш къыщахым

И лъэхъэнэм къалъхуащ(Мэлычыпхъу)

Ат1э иджы ещанэ джэгук1эм щ1эддзэнщ. Абы зэреджэр «Псалъэ зэпыдз» Мы къедбжэк1ахэм щыщу Сосрыкъуэрэ Сэтэней гуащэрэ нарт хъыбархэм къызэрыхэщым елъытак1э епхьэл1э хъуну псалъэхэр къыжыф1энщ. Абы папщ1э гупит1ми ц1ыху зырыз къыхэк1ыу утыку къыдогъэблагъэ.

Япэ щ1ык1э Сосрыкъуэ епхьэл1э хъуну псалъэхэр зэпывдзыжурэ къыжыф1энщ. Иужь къинэм абы теухуа пшыналъэ къытхуеджэнщ.

(л1ыгъэ, бэшэч, и акъылыр жанщ, жыджэрщ, пэжыныгъэ, 1ущщ, хабзэ зыхэлъ, нэхъыжьыр ялъытэ, 1эдэбщ)

Сэтэней епхьэл1э хъуну псалъэхэр зэпывдзыжурэ къыжыф1э. Иужь къинэм, Сэтэней къызыхэщ зы хъыбарым щыщ пычыгъуэ къытхуеджэнщ.

(дахэщ, щэныф1эщ, губзыгъэщ, л1ыгъэ, 1ущщ, гузэвэгъуэм щымыдзыхэщ, мамырыгъэ)

Епл1анэ зэпеуэр псалъэзэблэдзщ «Нартхэр»

Упщ1эхэр:

  1. Нартхэ я тхьэ гуащэ, гуащэ псом ялей. (Сэтэней)

  2. Албэч и къуэ, дзэгъэшынэ шу закъуэ. (Тотрэш)

  3. Сэтэней гуащэ и щауит1ым яз, чынтыр зыгъэгулэз.(Уэзырмэс)

  4. Нарт Хасэ тхьэмадэ, тхьэпэлъытэ Пэкъуэ зи бий. (Нэсрэн Жьак1э)

  5. Емынэ шужьей, Ашэ нарт хахуэр зыгъэгужьей.(Лъэбыцэжьей)

  6. Нартхэ я л1ы икъугъэ, чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу, хьэрхуэрэгъу зи бащэ.(Бэдынэкъуэ)

  7. Амыщ и къуэш, мэшыр зи бэв, гъавэр зи 1эужь.(Тхьэгъэлэдж)

Упщ1эхэм я жэуапхэр къахуэвгъуэтмэ, сатыр къыхэгъэщам къехыу фыкъыщеджэнщ нарт л1ыхъужьхэм ящыщ зым и ц1эм.

Етхуанэ зэпеуэр нартхэм я сурэт зэхэгъувэн. Иджыпсту гупит1ми а лэжьыгъэр вгъэзэщ1эху ди хьэщ1эхэр зы уэрэд федгъэдэ1уэнщ Къалмыкъ Сэтэней жи1эу.(1:21)

Фыпсэу, си ныбжьэгъу ц1ык1ухэ «1ущ» гупми «Лъэщ» гупми ф1ы дыдэу зыкъэвгъэлъэгъуащ, дэтхэнэ зы джэгук1эми жыджэру фыхэтащ. Сыхуейт дяпэк1и мис апхуэдэу дызэкъуэту, дызэчэнджэщу, сыт хуэдэ 1уэхури дызэгуры1уэу длэжьыфу дыщытыну.

Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, гугъу къыддехьахэм:

Фи гъащ1эр к1ыхьу,

Фи нэмысыр лъагэу,

Фи насыпыр куууэ,

Фи акъылыр хурикъуу,

Гухэхъуэр фи куэду,

Псоми: Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!

Егъэджак1уэ: Фыпсэу, ц1ык1ухэ псори жыджэру фыхэтащ ди джэгум. Дэ 1эмал имы1эу адэк1и къыпытщэнущ ди лэжьыгъэм. Сыхуейт акъылк1э фыжану, жыджэрагъ сыт щыгъуи фхэлъу, лъэпкъ 1уэры1уатэм ф1агъ хэлъыр нэгъэсауэ къывгуры1уэу, 1ущагък1э фхуэдэ щымы1эу, адыгэбзэр вгъэбзэрабзэрэ лъэпкъым и пщ1эр ф1эту фыпсэуну.

Нобэ мыбдеж кърихьэл1а псоми ф1ыщ1э ин фхузощ1. Псори дэ дызыхущ1экъур ди бзэр, ди лъэпкъыр ф1ы хуэдгъэзэн мурадщи, Аллыхьым къыдигъэхъул1э.

«Дэ доджэгу нарт л1ыхъужьхэу»
(классщ1ыб лэжьыгъэ 1­4 кл.)
Гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и мурад нэхъыщхьэхэр:
1.   Ц1ык1ухэр   щыгъуазэ   щ1ын   нарт   хъыбархэм,   абыхэм   къыхэщ   л1ыхъужь   нэхъ
пажэхэм.
2. Пэщ1эдзэ классхэм щ1эс сабийхэм къегъэщ1эн нархэм яхэлъа хьэл­щэн дахэхэр, я
дуней   тетык1ар,   зыщ1эхъуэпсар,   я   гурыщ1эр,   я   л1ыгъэр,   я   хабзэ­нэмысыр;   нарт
л1ыхъужьхэм   сыт   хуэдэ   щытык1э   гугъухэми   къызэрик1ын   1эмалхэр   къагъуэтыфу
зэрыщытар.
3. Сабий ц1ык1ухэм зыхегъэлъхьэн нарт л1ыхъужьхэм яхэлъа хьэл­щэн дахэхэр; ахэр
къэгъэтэджын   зылъэмык1хэм   ядэ1эпыкъуфу,   лей   зы­   лъысхэм   къащхьэщыжыфу,   мурад
ящ1ахэм я 1эр  лъагъэ1эсыфу, я Хэку яхъумэжыфу.
4.   Ц1ык1ухэр   гъэсэн,   къэгъэтэджын   дуней   псом   щыц1эры1уэ   нарт   хъыбар
хьэлэмэтыщэхэр зыхэзылъхьа и адыгэ лъэпкъым иригушхуэу ик1и ирипагэу.
( Нарт къафэ къеуэу залым дыщ1охьэ.)
Егъэджак1уэ:   Фи   махуэ   ф1ыуэ,   ди   махуэшхуэм   кърихьэл1а   псоми!   Адыгэ
1уэры1уатэм   и   нэхъ   ехъул1эныгъэ   ин   дыдэхэм   щыщщ   нарт   хъыбархэр.   Абыхэм
щызэхуэхьэса хъуащ адыгэхэм я зэф1эк1 псори: я л1ыгъэр, я лэжьыгъэр, я хабзэ ­ нэмысыр,
лъэпкъым и тхыдэр. Нартхэм псалъэжьу я1эщ: «Л1ыгъэншэу л1эщ1ыгъуищэ къэбгъащ1эрэ
лъэужьыншэу ук1уэдыж нэхърэ, мащ1э дыдэ къэбгъащ1эрэ л1эщ1ыгъуищэк1э уи лъэужьыр
мык1уэдыжым   нэхъыф1щ!».   Мис   мы   псалъэжьым   тэмэму   къе1уатэ   нартхэм   я   дуней
тетык1ар, зыщ1эхъуэпсар, я гурыщ1эр.
Адыгэхэм л1эщ1ыгъуэ куэдк1э яхъумэфа нарт эпосым л1ыхъужь хьэлэмэтхэр къыхощ.
Абыхэм я хэкур ф1ыуэ ялъагъу, ц1ыхугъэшхуэ яб­гъэдэлъщ. Нартхэр лъэщщ, къаруушхуэ
зыхэлъщ,   щэныф1эхэщ,   хьэлэлхэщ.   Ахэр   зылъэмык1ым   до1эпыкъу,   лей   зылъысам
къащхьэщож,   тхьэусыхэрейкъым,   бэшэчщ.   Нарт   шу   гъуэгу   техьамэ,   здежьам   нэмысу
къигъэзэжыркъым.
Иджыпсту дэ ди къалэн нэхъыщхьэу щытщ мы ищхьэк1э къыжыс1а хьэл­щэн дахэхэр
ди гъэсэн, еджак1уэ ц1ык1ухэм яхэтлъхьэныр.
Ди гуф1эгъуэ махуэри зытедухуар аращ. Абы ф1этщащ ц1эуэ «Дэдоджэгу нарт 
л1ыхъужьхэу».
(Сабий къек1уэл1ахэм захузогъазэ.)
Егъэджак1уэ:   Ц1ык1ухэ, дэ нобэ ди махуэ лъап1эщ. Нарт щ1ыналъэм и санэхуафэщ.
Ди деж къеблъэгъэнущ нарт л1ыхъужьхэр. Фэ нарт л1ыхъужьхэм щыщу хэт сымэ фц1ыхурэ?
(Сосрыкъуэ,   Бэдынокъуэ,   Сэтэней,   Щауей,   Бэтэрэз,   Лъэпщ,   Мэлэчыпхъу,   Ашэмэз,
Дахэнагъуэ, Уэрсэрыжь, Япэнэс). Хьэлэмэтщ мы л1ыхъужьхэм ящыщу Сосрыкъуэ и къэ­
хъук1ар.   Девгъэда1уэт   абы.  (Сосрыкъуэ   и   къэхъук1ам   топсэлъыхь).  Ди   хьэщ1эхэр
къэсыхук1э дедэ1уэнщ усэ, нарт л1ыхъужьхэм я псэук1ам теухуауэ: 
Сабий:  Ди лъэпкъ я псалъэ епц1ыжакъым,
Жьэгупащхьэ фочми емыса.
Я къамэ пц1анэр кърахамэ,
Къыщ1рахари гузэсащ.
Гупсыси псалъэ,  упсэлъэнум.
Зумыплъыхьауи умыт1ыс.
Щ1ап1ык1т, а хабзэм бын къащ1эхъуэр,
Щ1ыхь ар зымыдэм къалъымыст.
(Сосрыкъуэ къохьэ). Егъэджак1уэ:   Къеблагъэ,   Сосрыкъуэ.   Ди   гуапэ   хъуащ   ди   санэхуафэр   уэ
къызэрызэ1упхыр. 
Сосрыкъуэ: Сэ нобэ фи деж сыкъэк1уащ, вдэс1ыгъыну фи махуэ лъап1эр. 
Егъэджак1уэ: Къак1уэ, Сосрыкъуэ, къыдыхьи т1ыс.
Сосрыкъуэ гъащ1эр, ц1ыхухэр ф1ыуэ елъагъу, л1ыгъэшхуэ хэлъщ. Абы сыт щыгъуи
гугъу   зыщ1ригъэхьыр   нартхэм   ­   ц1ыхухэм   къазэрыщхьэпэжын   лэжьыгъэщ.   Дигу
къэдгъэк1ыжынщ, Сосрыкъуэ нартхэм маф1э къазэрыхуихьыжар. 
 
 
Сабий:  Нарт шу гуп мэшэсри
Иныжьыдзэм езэуэну, 
Сосрыкъуэ къагъанэри
Нартыжьхэр гъуэгу тохьэ.
Нартыжьхэр гъуэгу тету, 
Уае бзаджэр къатохъуэ: 
Адк1и мыдк1и мык1уэфу
Нартхэр щ1ы1эм зэщ1ещтэ 
Зэф1энауэ нартыжьхэр 
Къумыжь нэщ1ым щопсалъэ:
­Уий, Имыс, маф1э уи1э?
­Си тхьэры1уэщ, симы1э.
­Уий, Сосым, маф1э уи1э?
­Си Мэзытхьэ, симы1э.
­Ашэм и къуэ Ашэмэз,
Маф1э уи1эу п1эрэ уэ?
­Псатхьэ, со1уэ, симы1э.
­Хъымыщ и къуэ Бэтэрэз,
Маф1э уи1эу п1эрэ уэ?
­Щыблэ, со1уэ, симы1э.
Ди къежьэгъуэр нартыжьхэм,
Л1эужь л1эгъуэ тхуэхъуати,
Дэ дымыделатэмэ,
Уей, ди Сосрыкъуапц1э,
Димыгъусэу, нартыжьхэр,
Дыкъежьэни хуеякъым.
(Сосрыкъуэ нартхэм япожьэ.)
­Армэ, Сосрыкъуэу л1ыхъужь,
Армэ, ди л1эужь дыщэ,
Армэ, ди л1эужьыф1,
Маф1э  уи1эм тхущ1эгъанэ! 
Сосрыкъуэ: Уий, нарт шухэ, маф1эншэу 
Гъуэгу теувэу хэт щы1э? 
Уий, нартхэ, фымыгухэ, 
Фэ маф1э фимы1эмэ,
Сэ къыфхуэзгъуэтынкъэ!
(Сосрыкъуэ маф1э къихьыну мак1уэ. «Сосрыкъуэ» уэрэдым дода1уэ).
(Сосрыкъуэ маф1э и1ыгъыу къегъэзэж).
Сосрыкъуэ,   упсэу.   Дэ   уэ   къытхуэпщ1ар   зэи   тщыгъупщэнкъым.   Удимыгъусэуи   зэи
гъуэгу дытеувэнкъым.
(Сосрыкъуэ фалъэ ират, мэхъуахъуэ). 
Сосрыкъуэ: Ди маф1ащхьэр мыужьыхыжу, Ди жьэгу пащхьэр мыпсэхыжу, 
Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщ1эу,
Ди жьэгур нэхурэ хуабэу, 
Тхьэм куэдрэ дигъэпсэу.
 (Сэтэней къохьэ.) 
Егъэджак1уэ:
  Ди   гуапэ   хъуащ   ди   махуэшхуэм
укъызэрырихьэл1ар. Сэтэней нарт псоми я анэщ. Сосрыкъуи, Бэдынокъуи, Ашэмэзи, Щауеи
зып1ар Сэтэнейщ. Сэтэней губзыгъэщ.
  Къеблагъэ,
  Сэтэней.
Нарт л1ыхъужьхэм къагурымы1уэ 1уэхугъуэхэр яхузэпкъырызыхыр Сэтэнейщ. Лъэпщ
1эдэуадэм и щ1ык1эр къыхуэзыгъуэтри аращ.
(Лъэпщ 1эдэ, уадэ ищ1ынымк1э Сэтэней зэрыдэ1эпыкъуам топсэ­лъыхь).
  Егъэджак1уэ: Сэтэней и 1ущагъыр, и губзыгъагъыр, псоми ущияк1уэу, гъэсак1уэу
зэра1ар къыхощ къывжи1эну усэм: 
Сэтэней: 
Уи жьэр гъэкъабзэ,
Уи бзэр гъэ1эсэ,
Зэик1 пц1ы умыупс,
Псэжь удэмылажьэ,
Жьыгъэр зытумыгъак1уэ,
Емык1у ухэмыхьэ.
Хьэми уемыхьэкъу.
Уи къуэ уемыубзэ,
Бзаджэ зумыгъэк1уал1э,
Л1ыф1 умыгъэбий.
Уи бий л1ак1э умыпсэху.
Уи щэныр дахэу,
Уи напэр хужьу,
Ц1ыхум яхэт. 
(Лъэпщ къохьэ). 
Лъэпщ: Фи махуэ ф1ыуэ! Сэ си ц1эр Лъэпщщ, нартхэм срагъук1эщ. 
Егъэджак1уэ:   Къеблагъэ,   Лъэпщ,   къыщ1ыхьэ.   Ц1ык1ухэ,   Лъэпщ   нартхэр   зэреджэу
щытар «гъущ1ым и тхьэщ». Абы нартхэм яхуещ1 джатэ, шабзэ, зэрылажьэ 1эмэпсымэхэр.
Иджыпсту дигу къэдгъэк1ыжынщ Лъэпщ гъубжэ зэрищ1а щ1ык1эр.
(Нартхэр зэхэсщ.) 
Нартхэ я мэшыр мэбагъуэ,
 Нартхэ гъубжэншэу зэхэсщ, 
Мэш зэрахынум и теплъэр
Сыт ямыщ1эми къахуэщ1эркъым.
Сыт тщ1энур? 
Ди мэш бэгъуар губгъуэм йок1уадэ, къызэритхынур дымыщ1э. 
Нартхэ дызэчэнджэщу ди1эр Сэтэней гуащэщи, 1уэхур зы1утыр жедывгъэ1э.
Сэтэней гуащэ, чэнджэщ къыдэт. Ди мэш бэгъуар губгъуэм йо­к1уадэ, къызэрытхынур
дымыщ1э.
Сэтэней: Мы къуажэм   псом нэхърэ  нэхъыжьу дэсыр Уэрсэ­           рыжьщи 1уэхур
зы1утыр жеф1э.
Уи махуэ ф1ыуэ, Уэрсэрыжь!
Ди нартхэ я унэ утшэнущ.
Уэрсэрыжь: Сынэк1уэфынукъым!
Сэ жьы сыхъуащ.
Нарт:  Дэ 1эпл1эк1э утхьынущ. Нартхэ я унэм щынэсым Уэрсэрыжь мэджалэ. 
Уэрсэрыжь: Нартхэ фи унэ сыныщ1оджагуэри! 
Нарт: Укъыщ1эджагуэркъым, укъыщ1оджалэ.
(Уэрсэр зигъэгусауэ мэк1уэж.)
Сэтэней:   Ар   щхьэхуэпсалъэщ.   Къыджимы1ари   щык1уэжк1э   и   щхьэм   хужи1эурэ
к1уэжынущ. Фык1элъык1уатэ, фык1элъыда1уэ! 
Уэрсэрыжь: Сл1ожь абы гугъуехьу хэлъыр?
Адакъэк1эу къэбгъэшынщ, 
Къазшырыдзэу дубзык1ынщ, 
Пхъэшыкъу т1эк1у ф1эбук1эжынщи, 
Гъубжэ жыхуа1эр аракъэ! 
Нарт:   Упсэу,   Уэрсэрыжь.   Кхъы1э,   ди   санэхуафэм   тхухэт.   Лъэпщ   гъубжэ   ищ1ыну
к1уащ. Ди мэш бэгъуари 1утхыжынщ.
(Бэдынокъуэ къохьэ.) 
Бэдынокъуэ: Фи махуэ ф1ыуэ! Сэ сы ­ Бэдынокъуэщ. Нартхэм сразауэл1щ. 
Егъэджак1уэ:   Бэдынокъуэ   щхьэщытхъукъым,   1эдэбщ,   бийм   пэ­   щ1эувэмэ,
хьэрэмыгъэрэ гъэпц1агъэрэ зэримыхьэу къару къабзэк1э хе­гъащ1э. Бэдынокъуэ и щхьэм
щхьэк1э мыр же1эж: 
Бэдынокъуэ: Сыешхак1уэ ефак1уэкъым,
  Нарт щауэгъу солъыхъуэ,
  Ем срилъыхъуак1уэщ,
  Ф1ым сри1эщак1уэщ. 
Егъэджак1уэ:   Адыгэхэм   я   дежк1э   Бэдынокъуэ   «щапхъэ   зытрах   л1ыуэ»   щытщ.
Нартхэм   къатеуа   чынтыдзэм   зэрезауэр,   абы   л1ыгъэ   зэри­хьар   кьи1уатэу   федгъэдэ1уэнщ
уэрэд.
(«Бэдынокъуэ» уэрэдым дода1уэ). 
Егъэджак1уэ:   Бэдынокъуэ   ц1ыху   хахуэу   зэрыщытам   нэмыщ1к1э,   ц1ыху   1ущу,
жы1эда1уэу щытащ. Абы хузэф1эк1ащ, нартхэ я лъэхъэнэм щы1а хабзэжьыр икъутэныр. 
(«Бэдынокъуэ   нартхэм   къахилъхьа   хабзэф1ыр»   хъыбарым   к1эщ1у
топсэлъыхь). 
Егъэджак1уэ: Къэфц1ыхуауэ къыщ1эк1ынщ къэса ди хьэщ1эр. Мыр Мэлэчыпхъущ. 
Мэлэчыпхъу хъыджэбз 1ущщ, жанщ, гугъуехьым щышы
нэркъым.   Абы   и   щэным,   и   губзыгъагъэм   удехьэх.   Девгъэда1уэт   Мэлэ­     чыпхъу
зэрыпсалъэм: 
Мэлэчыпхъу: Гуо­гуо! Хэт ар?­ Мэлэчыпхъу.
   Дэнэ ущы1а?­ Пщым и унэ.
   Сыт къыщыпшх?­ Адакъэщ1эрэ хущ1э п1астэрэ. 
   Си 1ыхьэр щэ?­ Гуэным илъщ.
   Гуэныр щэ?­ Жыгыу щытщ.
   Жыгыр щэ?­ Уэщыр йоуэ.
   Уэщыр щэ?­ Щхьэлым щ1элъщ. 
   Щхьэлыр щэ?­ Маф1эм ес. 
   Маф1эр щэ?­ Псым ехь.
   Псыр щэ?­ Шым иреф.
   Шыр щэ?­ Мэхь, мэхь!!!
  Егъэджак1уэ: Мэлэчыпхъу и анэм гъунэгъум и деж игъэк1уащ къундэпсэу т1эк1у
щхьэк1э.   Зыдэк1уа   ц1ыхубзыр   зэрыбзаджэр,   псоми   зэрыщысхьыр   ищ1эрти,   мыпхуэдэу
жи1ащ: Мэлэчыпхъу: ­ Нанэ выл,
    Балъыджэ, 
    Кхъуейшыпс, 
    Къундэпсэу т1эк1у
    Щхьэк1э сыкъигъэк1уащ. 
Егъэджак1уэ: А пл1ым языхэзу Мэлэчыпхъу зыхуейр ц1ыхубзым къыгуры1уат, ауэ
къримытын щхьэк1э мыр къыжри1ащ: 
­ Си1эу щытмэ,
Си к1эр дыщэ данэк1э къаудыхь,
«Мэхь» жыс1эмэ, 
Щ1эгъуэнищэр къызэхуэсу,
Сыщыл1ам дежи
Гъуаплъэ бэн схуаущ1ыж.
Егъэджак1уэ:   Ц1ыхубзым   къундэпсэу   т1эк1у   щхьэк1э   къыщигъэщ1эхъум,
Мэлэчыпхъу абы хуэфащэ жэуапи иритыжащ. 
Мэлэчыпхъу: ­ Уи1э пщ1ондэ,
     Уи к1эр хьэцыбанэк1э къаудыхь, 
    «Мыхь» жып1эмэ, 
    Хьэ къарищэ къызэхуэсу, 
    «Псы севгъафэ» жып1эмэ, 
    Хъуразэк1э къыпхуаухь.
    Ущыл1ам дежи
    Псыпц1эжь ят1эм ухаудзэж.
Егъэджак1уэ: Иджы къеблэгъа ди хьэщ1эхэр Дахэнагъуэрэ Япэнэсрэщ.
Дахэнагъуэ пщащэр насып пэлъытэщ. Ар ц1ыхухэм я насыпщ, я гъащ1эщ. Дахэнагъуэ
Нарт   Хэкум   къихьэмэ,   Нарт   Хэкур   умыцыхужын   хуэдизк1э   къэщ1эрэщ1энут,   псоми
ф1ыгъуэр ябэу псэунут. Мэлыхъуэ Япэнэс зэхех Дахэнагъуэ и хъыбарыр. Абы мурад ещ1
Дахэнагъуэ   Нарт  Хэкум  къришэжыну.   Бэлыхь   куэд   ишэча   нэужь,   Япэнэс   хуозэ   Дахэна­
гъуэм.
Япэнэс Дахэнагъуэм жре1эр: 
Япэнэс: Ей, Дахэнагъуэу, нагъуэурэ дахэ!
Сэ си закъуэу сыкъэплъагъуу щытми,
Сэ зэик1 сыц1ыху щхьэзакъуэкъым,
Къэск1уари къыщ1эск1уар си щхьэ 1уэхукъым,
Ц1ыхухэм я ф1ыгъуэр яхуэсхьыжынущ.
Абы я гугъап1эр уэращ, Дахэнагъуэ.
Си л1ыгъэм лъэк1мэ уахуэсхьыжынущ. 
Егъэджак1уэ:   Дахэнагъуэм,   а   псалъэхэр  
  щызэхихк1э,   къощэбэжри   Япэнэсым
къыжре1эр: 
Дахэнагъуэ: Ат1э, гъуэгуанэшхуэр аращ щ1эпк1уфар. Уафэм ущылъэщу, щ1ылъэм
ущыбыдэу, аращ ущ1ыщытыр. Бэм я ф1ыгъуэм щ1экъурщ ф1ыгъуэ зыхуэфащэр. 
Егъэджак1уэ: Дахэнагъуэ Нарт Хэкум къихьэжащ.
Зэрыжа1эжымк1э,   Нарт   Хэкум   Дахэнагъуэ   къызэрихьэжу,   ф1ы­  
  гъуэр   нарт
щ1ыналъэм зэик1 щхьэщык1ыжакъым.
Егъэджак1уэ: Нартхэм хуабжьу ф1ыуэ ялагъу хьэрхуэрыгъэр. Санэхуафэ ща1эм и
деж   ахэр   зэпеуэу   щытащ   губзыгъагъэк1э.   Дэри   иджы­псту   дызэпеуэнщ   псалъэжьхэмк1э,
псынщ1эрыпсалъэхэмк1э, къуажэхьхэмк1э. Усэ, уэрэд зэдгъэщ1ахэми федгъэдэ1уэнщ, ди
къафэк1эми федгъэп­лъынщ.
1. Псынщ1эрыпсалъэхэр: а) Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.
б) Пхъэр сошэр ­ пхъыр сошхыр.
в) Лэныстэ­мастэ­къэбыстэ п1астэ.
г) Бадэ бадзэ къеубыд, 
Бадэ бадзэм иреуд.
д) Хъурмэ мыхъури, хъурмэ хъуари хъумак1уэм ехъумэ.
е) Фи бори яй, ди бори яй. Ди бори яй, фи бори яй.
ж) Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри, си нэпсыр тк1уэпс­тк1уэпсурэ къыщ1игъэжащ.
2.   Псалъэжьхэр:   (зы   сабийм   псалъэжьым   и   къегъэжьап1эр   же1э,   адрейм   и
к1эухыр же1э).
а) Узэгугъур (къогугъуж).
б) Джэд пэтрэ (мэулъэпхъащэ).
в) Бзур зы1этыр дамэщ,( ц1ыхур зы1этыр акъылщ).
г) Нэхъыжьыр гъэлъап1и, (уи щхьэр лъап1э хъунущ).
д) Унэм зыщыгъаси, (хасэм яхыхьэ).
е) Хуэмыху и 1уэху (махуитху и п1алъэщ).
ж) Мастэк1э 1эшэщ, (шатэк1э бзаджэщ).
з) Гъатхэм жеяр, (бжьыхьэм магъыж).
и) Гупсыси псалъэ, (зыплъыхьи т1ыс).
к) Пц1ым (лъакъуэ щ1эткъым).
л) Хьэщ1эм (насып къыдок1уэ).
м) Хэти езым и Хэкур (ф1ыуэ елъагъуж).
3. Къуажэхьхэр: (ц1ык1ухэр гупит1у гуэшауэ зэпоуэ).
а) Зи к1эр зылъэфу, зи фэр зи бий (бажэ).
б) Жьыми щ1эми яф1э1эф1щ, 
Къыхуагъуэтри нэхъ бзэ 1эф1щ.
Дыщэ к1анэу драдзей, 
Т1эк1у ешамэ ягъэжей. (сабий).
в) Банэ топу зи пэр т1ей. (цыжьбанэ).
г) Зи пкъыр щ1ым щ1элъ, зи щхьэцыр дунейм телъ. (пхъы).
д) Зи губгъуэр хужь, зи жылэр ф1ыц1э. (тхылъ).
е) Уеплъмэ гъуджэ, уеджэм дэгу. (мыл).
ж) Зэшищ зы пы1э ящхьэрыгъщ.(1энэ).
и) Зи къуэпсыр дуней псом лъэ1эс. (дыгъэ). 
к) Дунейм тет псор зыгъашхэ. (щ1ы).
4. Джэгук1эхэр:
а) К1апсэк1э зэпегъэкъун.
б) «Пы1э къуэдзэ». (Адыгэ джэгук1э).
5. Усэхэмрэ уэрэдхэмрэ
«Си Хэку». Аф1эунэ Л.
Уэрэд «Адыгэ Хэку».
6. Къафэ. (сабийхэр къофэ).
Егъэджак1уэ:   Ди   нэтыным   и   к1эухыу   ц1ык1ухэм   зыкъыфхуагъэзэнущ   хъуэхъу
псалъэк1э:
Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, гугъу къыддехьахэм: 
Фи гъащ1эр к1ыхьу,
Фи нэмысыр лъагэу,
Фи насыпыр куууэ,
Фи акъылыр хурикъуу, Гухэхъуэр фи куэду,
Фадэбжьэр зефхьэфу,
Пшэрыхьыр вгъэвэфу. 
Псоми: Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!

КIыщокъуэ Алим

къызэралъхурэ илъэси 105 зэрырикъум теухуа

«ЛIы хахуэ лъэпкъым къыхэхъукIмэ,

И напщIэ телъыр лъэпкъ дамыгъэщ»

фIэщыгъэцIэр зиIэ литературнэ пщыхьэщхьэм и сценарий.

Зыгъэхьэзырар:

адыгэбзэмрэ

адыгэ литературэмкIэ

и егъэджакIуэ

Унащ1э А.Х.

2014гъ.

КIыщокъуэ Алим

къызэралъхурэ илъэси 105зэрырикъум теухуа

«ЛIы хахуэ лъэпкъым къыхэхъукIмэ,

И напщIэ телъыр лъэпкъ дамыгъэщ»

фIэщыгъэцIэр зиIэ литературнэ пщыхьэщхьэм и сценарий.

  1. Пщыхьэщхьэр щекIуэкIыну пэшыр дахэу, къабзэу зэлъыIухауэ щытын хуейщ, усакIуэм и сурэтыр фIэлъщ, тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ «ЛIэщIыгъуэ уардэм и усакIуэ, къимыкIуэтыжу пэжым щIэбэн тхакIуэ» фIэщыгъэцIэр зиIэ КIыщокъуэм и тхылъхэмкIэ, абы теухуа тхыгъэхэр зытет газетхэмкIэ, журналхэмкIэ къызэгъэпэщауэ, усакIуэм и гъащIэ гъуэгуанэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэ (презентацэ), н.

  1. ЕджакIуэхэр стIолым бгъэдэсщ, псы, IэфIыкIэ, удз гъэгъа тету, стIолтепхъуэ хужь телъу.

  2. Пщыхьэщхьэр езыгъэкIуэкIынухэри зыхуеинухэр ябгъэдэлъу стIол щхьэхуэм бгъэдэсщ.

  3. КIыщокъуэ Алим и гъащIэм, и лэжьыгъэм теухуауэ гъэхьэзыра слайдхэр пщыхьэщхьэр иухыху къэгъэлъэгъуэн.

  4. Тхауэ мыхэр кIэрыплъхьэ хъунущ КIыщокъуэм теухуауэ: «Адыгэ литературэм и вагъуэ», «Къуршыбгъэм и абгъуэр къыр лъагэхэм щещI», «Ди бзэр псэужмэ, си гугъуи ящIу зэхэфхынщ», «Ди лъэпкъым и нэ, и псэ», «Шу пашэ», «Къру пашэм и гъуэгур езым къыхехыж», н.

— «Адыгэ Хэку» КIыщокъуэм и уэрэдыр къоуэ.

Уэрэдым иужь адыгэ макъамэ щабэ щIэту езыгъэкIуэкIхэм усэм къеджэу щIадзэ.

«СИ ИЛЪЭСИЩЭ»

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр –

А гъэр мыгувэу езыр къэсынущ.

Бжьыпэр зыIыгъым къыIэщIихынурэ,

Зыри зимыIэм къылъигъэсынущ.

«Нобэ щэ хъунут», — сэр папщIэ жаIэу,

Iэнэ тIысыни хэкум исынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэхэу езыр къэсынущ.

Къуалэбзу цIыкIухэм, хъуми нэхъ мащIэ,

Абгъуэ ди жыгхэм къыпащIыхьынущ.

IукIэ шхын къахьу шырхэр ягъашхэу

Си уэрэд Iыхьи бзухэм къахьынущ.

Я ней къыстехуэм сагъэгумэщIу

Си ужь итари къэсэхыжынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэхэу езыр къэсынущ.

Гъэмахуэ шылэу, дуней дахэгъуэу,

Узэгугъуахэм уагъэгуфIэжу,

Жыг хадэм уисмэ, псэм зигъэпсэхуу

А махуэм тохуэр сыкъыщалъхуари –

Уафэри гъуагъуэу уэшхри къежэхмэ,

Псы къэмыжари диным икIынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэхэу абдеж къэсынущ.

Иреуэлбанэ е иребзыгъэ,

А махуэм бзухэр абгъуэ исынкъым,

ВакIуэ дэкIыгъуэм жаIа уэрэдхэр

Ягу къэмыкIыжу яхуэшэчынкъым.

Iугъуи жьэрыми зэхэзэрыхьрэ

КъысщIихьэ закъуэм сыкъэтIысынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэхэу абдеж къэсынущ.

А пIалъэм си бзэ сызэрыпсалъэр

Лъапэ зэвыпIэ иувэпэнкъым.

Си лъэрыгъыпсыр зыубыдахэм

Ящыщым я лъэр ягъэбыдэнущ.

Уэрэд къыхадзэм зэрыгъэгушхуэу

СхужымыIари къыпащэфынущ.

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIырщ

Нэхъ къызэлIалIэу си гугъу щащIынур.

Дунейр абдежи яфIэщэщыгъуэу

Игъуэ нэмысу Iэджи кIуэдынущ.

СафIэкIуэдынкIэ къысхуэгузавэу,

Си гузэвэгъуэр гъыбзэу жаIэнущ.

Си илъэсищэр пхуэмыгъэныщкIуу,

ЗыгъэныщкIуами хуемыгъэхыфу,

Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.

  1. ЕзыгъэкIуэкIым«Насып»

ЛIэщIыгъуэ псоми сеупщIащ:

Насыпу лъапIэр дэнэ щыIэ?

ЛIэщIыгъуэ псоми къызжаIащ

А фIыгъуэр благъэу ди япэ иту.

ИтIанэ ахэм яжесIащ:

Насыпым щхьэхьу сылъежьэнщ,

Ар спэгъунэгъумэ, къэслъыхъуэнщи,

НысащIэ дахэу лъагъуэ нэхукIэ

Уэрэд хужысIэу сэ къэсшэнщ.

Иужь лIэщIыгъуэм ар идакъым –

И пащIэ фIыцIэм Iэ дилъауэ

Игу илъыр щэхуу къиIуэтащ:

Насып жыхуаIэр уэ зэгъащIэ –

Насып щIэкъуныр – арщ насыпыр.

  1. ЕзыгъэкIуэкIым — Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыбжьыфIэ, адыгэ усыгъэр дунейпсо утыку изыхьа, адыгэ литературэм и шу пашэ КIыщокъуэ Алим насыпу къилъытэр аращ – насып щIэкъунырщ, ауэ дэ, лъэпкъ псом, насыпышхуэу къыдолъытэ КIыщокъуэ Алим хуэдэ усакIуэ Iэзэ, тхакIуэ гъуэзэджэ, цIыху щыпкъэ, къру пашэ къэзэрытхэкIар!

  2. ЕзыгъэкIуэкIым — КIыщокъуэ Алим езыр дапщэщи щытащ дыгъафIэ гъуэгукIэ япэкIэ узышэн пашэу, гъуазэу, литературэм тепщIыхьмэ, ар къру пашэ щIэхъуар и къулыкъу лъагэхэракъым – и къалэмыпэ къыщIэкIахэращ. Зэбгъэпщэн, зэплъытын щымыIэ и усэхэмрэ прозэхэмрэщ. Лъэпкъ литературэм и жьантIэр иIыгъыу къызэрекIуэкIарщ. «Къэбэрдей усакIуэм и шагъдийр куэд щIащ Кавказ Къуршыжьхэм къыщежьэу утыкушхуэ зэрихьэрэ. Абы и шы лъэ макъыр ди Хэку адрыщIкIэ жыжьэу къыщоIу. А шагъдийм КIыщокъуэм и дамыгъэ телъщ», — жиIэгъащ Чувашым и цIыхубэ усакIуэ Хузантий Педер.

  3. ЕзыгъэкIуэкIым – «Зи тхыгъэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIыу ди зэманым щыIэ усакIуэ нэхъ ин дыдэхэм, нэхъ гъуэзэджэхэм ящыщ зыщ КIыщокъуэ Алим,- етх адэкIэ урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Владимир Солоухин. КъызыхэкIа лъэпкъым и бзэм и къулеягъыр абы IэкIуэлъакIуэу щегъэшэрыуэ гурыщIэ нэхукIэ псыхьа и усэ купщIафIэхэм».

  4. ЕзыгъэкIуэкIым — КIыщокъуэ Алим и усыгъэхэм укъыщеджэкIэ, занщIэу гу лъотэ: абыхэм къуэпс, лъабжьэ яхуэхъур езы усакIуэр къызыхэкIа лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэмрэ IуэрыIуатэхэмрэщ… Ауэ лъабжьэ быдэ зыгъуэта жыгым зэрызиужьым, зэрызиIэтым ещхьу КIыщокъуэм и усыгъэхэм я къуэпсхэм задзмэ, я жьауэр ин хъууэрэ, абыхэм дунейпсо усыгъэм утыкушхуэ щаубыдащ…

  5. ЕзыгъэкIуэкIым — Дауи, лъэпкъ литературэр зылI и закъуэкIэ, и гуащIэкIэ къызэгъэпэща хъуркъым. Апхуэдэ Iуэхугъуэшхуэм езым хуэфэщэж къару токIуадэ. ИкIи ар щызэфIэувэр – къэзылъхуа лъэпкъым псэ къабзэкIэ хуэлэжьэну хьэзыру лIыфI куэд щыщыIэм дежщ.

Ауэ а псори зэхуэдэкъым. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри езым и шы тесыкIэ елъытауи, шым ижынур зыхуэдизымкIи адрейхэм къащхьэщокI.

  1. ЕзыгъэкIуэкIым — Сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщауэ, пIащэрэ нэхъ пкъыфIэу, жыжьэ къиплъым и нэми ар нэхъ къыIуидзэу – шу гупым къахэкI хабзэщ зы шу екIу дыдэ, зэрыгупу фэ къатригъауэу. Апхуэдэ шу пашэу диIащ КIыщокъуэ Алим.

  2. ЕзыгъэкIуэкIым — КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэсищэ ирокъу мы гъэм. Алим къыщалъхуащ Шэджэм районым щыщ Щхьэлыкъуэ къуажэм. Ар къызыхалъхуари зыхапIыкIари адыгэ мэкъумэшыщIэ унагъуэщ, ауэ ар унагъуэ къызэрыгуэкIтэкъым, атIэ нэхъ унагъуэ пэрытхэм ящыщт. Алим и адэ – анэм я фIыщIэкIэ, цIыкIу щIыкIэ зыхищIэгъащ адыгэ уэрэдыжьхэм я щытыкIэр, япкърылъ гурыщIэ къабзэр, акъыл жаныр, гупсысэ нэхур, IуэхущIафэ дахэхэр, цIыхугъэ иныр.

  3. ЕзыгъэкIуэкIым – КIыщокъуэм къиухащ Бахъсэн окружной мэкъумэш IуэхущIапIэхэм щыхуагъэхьэзыр еджапIэр, Владикавказ дэт пединститутыр, Москва аспирантурэр. ИкIи Хэку зауэшхуэр къэхъейуэ абы кIуэху, ар щылэжьащ Къэбэрдей – Балъкъэр щIэныгъэ – къэхутакIуэ институтым. А илъэсхэм Алим адыгэ лъэпкъ кулътурэм лэжьыгъэшхуэ хищIыхьащ: нарт хъыбархэр зэрыхуэфащэкIэ зэхидзщ, зэригъэзахуэри «Нарт хъыбархэр» тхылъыр езым и пэублэ псалъэмрэ комментариехэмрэ дэщIыгъуу къыдигъэкIащ.

  4. ЕзыгъэкIуэкIым – КуэдкIэ нэхъ егъэфIэкIуауэ икIи зыхуей нэхъ хуэзауэ зэIузэпэщу иужькIэ адыгэбзэкIэ къыдэкIа нарт эпосым япэу хэлэжьыхьари КIыщокъуэ Алимщ. Езы усакIуэм къызэрилъытэмкIэ, ар гъазэ имыIэу усакIуэ гъуэгум щытехьар 1934 гъэрщ, мыбы щыгъуэ Алим итхауэ щытащ «Бгы лъапэхэм деж» зыфIища и япэ поэмэшхуэр. Абы лъандэрэ дунейм къытехьащ КIыщокъуэм и тхылъ куэд – усэуи прозэуи.

  5. ЕзыгъэкIуэкIым — КIыщокъуэм тхэн щыщIидзам щыгъуэ ПащIэ Бэчмырзэ псэут, «Къамботрэ Лацэрэ» романыр иджыри дунейм къытехьатэкъым. А зэманым къриубыдэу мащIэ и нэгу щIэкIа ди Хэкум, мащIэ игъэва ди цIыхум! КъэхъукъащIэкIэ къулеящ а зэманыр. ИтIани КIыщокъуэр нэхъ жыжьэ Iэбащ. АдыгэщIыр Iугъуэм щIигъэнауэ, адыгэпсэхэр лъыпсаем ириIауэ щыщыта лIэщIыгъуэ блэкIам и сэфэт гущIыхьэри ди пащхьэ къригъэуващ.

  6. ЕзыгъэкIуэкIым — Иужьрей лIэщIыгъуитIым къэхъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр адыгэщIымрэ адыгэпсэмрэ зэрыкIуэцIрыкIа лъагъуэхэр художественнэу къэIуэтэжыныр – аращ КIыщокъуэ Алим и творчествэм лъабжьэ хуэхъуар.

  7. ЕзыгъэкIуэкIым — Зауэшхуэм и пэ къихуэ илъэсхэм наIуэ къэхъуащ КIыщокъуэ Алим зэрыусакIуэ щыпкъэр.

Дыгъуасэмрэ нобэмрэ зэплъыту, жьымрэ щIэмрэ ухэдэрэ, щIэр къыхэпхыу, ар бгъафIэу, поэзием и къарукIэ зэщIэбгъэлыдэу, абыкIэ дунеищIэм уэри ухэлIыфIыхьыну, — ар зыгуэрым и унафэу аратэкъым, атIэ гъуазджэм и пащхьэм къиува къалэн инт, къызыпкърыкIари зэманырт, гъащIэрт.

  1. ЕзыгъэкIуэкIым — КIыщокъуэм и Iустаз ЩоджэнцIыкIу Алий телъыджэу ехъулIэрт а къалэным. Абы и дежкIэ щIэр фIыти, а фIым усакIуэр макъ утIыпщакIэ пэджэжырт.

Алими аращ тхэн къызэрыщIидзар и Iустазым «и мэсхьэбым иту». Ауэ, куэд дэмыкIыу, наIуэ мэхъу езы гъукIэгъэсэн щIалэри зэрымыхуэмыхур; ар дэнэ къэна, Алий емыщхьу – абыи нэхъри щIэщыгъуэ къыпщищIу – нэгъуэщI зы къэбэрдей усакIуэ лъэрызехьи къызэрыунэхуар.

«Бгы нэпкъым тет жыгей», «Си дыгъэ», «СыкIуэнт нэхъ псынщIэу…» жыхуиIэ усэхэр абы и щыхьэтщ наIуэщ.

Iыщокъуэм и псалъэхэр зыщIэлъ «Береза над ущельем» уэрэдыр къоуэ).

  1. «Бгы нэпкъым тет жыгей»

ЖыгыщIэ хьэмэ ар гъужа?

Бгы натIэм тети зы жыгей,

Ар бгым къелъэну щIегъуэжа

КъысфIэщIу сэри сыдоплъей.

И тахътэм жэщми ар къемых.

Мэз фIыцIэ къуакIэм къыщыкIам

Къипсэлъ макъ щабэр зэхимых,

Мыващхьэм лъагэу ар щыкIау.

Жьы къепщэ псоми ирагъэщI,

Абы лъэбышэ ар къищIащ.

Уэ къехмэ, жыгыр яухъуэнщI,

ИтIани мащIэ къигъэщIа?

Губжьау борэным и гугъащ

Жыгейр нэпкъ лъагэм щхьэщидзын.

Хэт зи къарукIэ къэгугъау

Иджы а жыгым зридзын?

  1. «Си дыгъэ»

Дыщэ пащIэр бжэм щIигъакъуэу

Бгы къуапэшхуэм ящхьэщохьэ,

Ич лъэбакъуэм ар хуэсакъыу,

Къуршыжь щIыбым дыгъэр къуохьэ.

Тлъагъужынкъым дыгъэр, жиIэу

Хэт гузавэр мы дунейм?

Дэрщ а нурыр дыгъэм щIиIэр –

Щынщ аргуэру нэху пщэдей.

ФIыуэ слъагъур зэ укIуэдми,

Уэ аргуэру къэбгъэзэнщ.

Узмылъагъуу дэкIыр куэдми,

Сэ аргуэру сыпхуэзэнщ.

Уэ сэр папщIэ угубжьами,

Си псэр гукIэ къыболъыхъуэр,

Мис аракъэ, уэ уежьами,

Ныкъуэ си гур зэи щIэмыхъур.

  1. «СыкIуэнт нэхъ псынщIэу»

СыкIуэнт нэхъ псынщIэу схузэфIэкIым —

Мычэму си шыр согъэлъэхъу.

Ныбжьэгъу, уэ фIыкIэ уигу сыкъэкIым,

Си гъуэгу кIыхь хъуну къызэхъуэхъу.

Сэ куэдрэ, куэдрэ сигу къолъадэ

Шы жэр сытесу къэск1ухьын,

Ди хэку губгъуэшхуэм сынилъадэу

Зэдэжэм пыIэр яфIэсхьын.

Хэт ейми содэ сэ а пыIэр,

Ухуейми си щхьэм хуремыхъу,

КIуэфынкъым жыжьэ зи гур щIыIэр –

Шум лъэсыр гъуэгум щыдэмыхъу.

Насып мыухыр зи гуращэр

Махуэл и гъуэгум щыхуэмей,

Псэуну гъащIэ зыхуэфащэр

МыувыIэу кIуэхэр аркъудейщ.

Псы уэру гъащIэ пхызыхынум,

Къарур жэхункIэ имыух.

Си гъащIэ ябгэр щызухынум,

Шы жэр сытесу среух.

  1. ЕзыгъэкIуэкIым – Нэм къыIуидзэ къэхъукъащIэ гуэрхэр тегъэщIапIэ ищIми, усакIуэ щIалэр абыхэм жыжьэу ящхьэдэплъыхыфырт. ИкIэм – икIэжым усэр философие зыхэлъ гупсысэхэмкIэ псыхьауэ къыщIэкIырт.

Апхуэдэу, поэзием и зы лIэужьыгъуэу философскэ лирикэкIэ зэджэм и къехьэжьакIуэ ди деж щыхъуащ КIыщокъуэ Алим. Ар нэхъри нэрылъагъу ящIырт зауэшхуэм и зэманым КIыщокъуэм итха усэхэм.

  1. ЕзыгъэкIуэкIым – Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми ещIэ, Хэку зауэшхуэм и зэманым, ди тхакIуэхэр, усакIуэхэр, адрей цIыху псоми хуэдэу, Хэкур, адэ – анэр, къыдалъхуар яхъумэжыну бийм зэрыпэщIэувар. Абыхэм яхэтащ КIыщокъуэ Алими. Ар, зауэр иухыхукIэ, къалэмри Iэщэри зэдигъабзэу фашистыдзэм пэщIэтащ, махуэ къэс илъагъу гуауэр, гукъутэр, фашистхэм зэрахьэ лейр, ди зауэлIхэм зэрахьэ лIыгъэр, нэгъуэщIхэри и усэхэм къыщигъэлъагъуэу. Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэм папщIэ КIыщокъуэм къратащ къэрал дамыгъэ зыбжанэ. Ар Хэку зауэшхуэм къикIыжащ майору, и бгъэм орденрэ медалу зыбжанэ хэлъу. ЗанщIэуи мамыр лэжьыгъэм пэрыувэжащ. Зауэм теухуауэ усэ нэхъыбэ дыдэ зи къалэмыпэм къыщIэкIари Алимщ, ди адыгэ усакIуэхэм щыщу.

  2. ЕзыгъэкIуэкIым: Зауэм и кIыхьагъкIэ Алим и гъусэу зэуащ, къыдэщIыгъуащ балъкъэр усакIуэшхуэ Къайсын Кулиевыр.

Псоми дощIэр 1944 гъэм балъкъэр лъэпкъыр Хэкум зэрырашауэ щытар, илъэс 13-кIэ Ику ит Азием зэрыщыIар. И лъэпкъым дэщIыгъужт зауэ зэманым Алим ныбжьэгъу пэж къыхуэхъуауэ щыта Къайсын Кулиевыр. Зэманыр ткIийт, зы нартыху матэ щхьэкIэ цIыхур, илъэс зыбжанэ тралъхьэрти, ягъэтIысырт, Сыбыр яшэрт, зы щыуагъэ закъуэм щхьэр ихьырт. Мис апхуэдэ зэманым Алим къыдигъэкIа тхылъым итщ «Къайсын Кулиев папщIэ» зыфIища, и ныбжьэгъу балъкъэр усакIуэм хуэгъэза усэ. Апхуэдэм щхьэкIэ иджы «АтIэ – сыт!» — пхужыIэнущ. Ауэ а зэманым апхуэдэм лIы щытекIуадэ куэдрэ къэхъурт. Абы щхьэкIэ къигъэнакъым КIыщокъуэм игу илъыр жиIэн икIи хьэлэмэту къелащ фэбжь химыхыу. Апхуэдэ пэжагъ хэлъащ КIыщокъуэ Алим.

(Зауэм, ТекIуэныгъэм теухуа усэхэм чэзуурэ къоджэ, макъамэр хуэму къеуэу).

«Телъхьэ уанэр си шым» КIыщокъуэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдыр къоуэ, уэрэдым зы едзыгъуэ къоуэри, макъамэр хуэму ешэхауэ адэк1э усэхэм къоджэ.

21. «Уэрщ, зауэлI хахуэ, ар зэджар»

ГуфIэу сабийхэр, IурыщIэу

Псы Iуфэ тафэм щоджэгу,

Сыт къапэщытми ямыщIэу,

ГуфIэгъуэр щIэтхэщ я нэгу.

Жырыр жыр пхъашэм текъутэу

Хэт зыщIэр зауэр щежьар?

ГъущIым цIыху къупщхьэр икъутэу

Зи нитIым Iугъуэр щIэбжьар?

Щхьэщытщ цIыкIу джэгухэм ажалыр,

Ар уфэразэу къокIуэкI,

Уэгум бий бзаджэр щокъуалъэр,

Къидзыну бомбэр къоплъэкI.

А напIэзыпIэм къэхъуахэр

Хэт иIуэтэну лъэкIын?

Нэмыцэм бомбэу къипхъахэм

Сабийр имыхьу хэкIын?

Фашистыр уэгум къолъадэ,

ХамэщIым гуауэр щегуэш.

Зигу кIуэда анэм и хьэдэр

Къупщхьэ зырызу къещып.

Сабий джэгупIэу а тафэр

ГуIэпIэ хэтым ищIа?

Iэщэрщ зыщIынур унафэр:

Нэмыцэщ ахэр зыщIар.

Хей цIыкIухэм я лъыр къыдоджэ

Дымыгъэгъуну я лейр.

Уэрщ, зауэлI хахуэ, ар зэджэр,

Бийм кIыфI хуэпщIыну дунейр.

22. «ЗауапIэ»

Ерыщу лъабжьэр фIагъанэу,

Мыбдежым бийхэр итат,

Жыр Iэщэ Iэджэр къагъанэу,

Ар дэ удынкIэ Iутхуат.

Щытщ танкхэр, топхэр пэзазэу,

Уэсыр сытхъу хужьу тесащ.

Бий хьэдэ нэжьгъым уэс изу,

Иныкъуэр мафIэм исащ.

Шэрхъ закъуэу шыгур ещIауэ,

ПIийуэ уэс губгъуэм къинаи,

Уэс щIыIур фIыцIэ зыщIауэ

Гын Iугъуэ щIыгум тенаи.

Жьыбгъэр а щIыпIэм щоятэр,

Зауэм и шхахуэр есей –

Фийуэ бий хьэдэм толъадэ,

Хьэдэм хуеутхыпщIыр я цейр.

Бийр щIым ишэчыныр идакъым,

Ар абы и блыгу щIилъхьащ.

Хамэ насып хэт щIэкъуами

Ажалыр псынщIэу лъысащ.

23. «УIэгъэ»

Топышэм щIыпцIэр кърихуау,

Къутахуэр си бгъэм къытехуат.

СIэщIэхущ си Iэщэр сэ абдеж,

Лъы пщтырыр си бгъэм, сыт, къреж,-

Къум псыншэр силъкIэ сэ согъэнщI,

Топышэм губгъуэр зэхавау

Гын Iугъуэр дыджу щхьэщыуващ.

Мэзджызджыр ди щIыр, мэгумэщI,

УIэгъэр удзкIэ сэ солъэщI,

Къуэ кIуэцIым, нэпкъым щыуэр топщ.

Сэ си гур мис зэгуоп,

Абы зэуэнкIэ зимыгъэнщI –

Къарур уIэгъэм сфIыхегъэщI.

ЗауэлI илъ зауэм щымыкIуэд,

БлэкIынщ иджыри махуэ куэд.

Удз тхьэмпэ плъыжьхэр кIуэдыжау,

НэгъуэщI нэхъ дахэу къикIэжау,

УIэгъэр дыркъуэу сэ сиIэнщ,

ИтIанэ дищIми мыр жесIэнщ:

«Уэ дэрэ дыркъуэ къыттенащ,

АрщхьэкIэ бийхэм датекIуащ».

24. «Сабий»

Гугъуехь е гуауэ сыхуэзами,

Нэпс ткIуэпс си гъащIэм сфIэкIуэдакъым.

Мыбдеж, сигу дауэ згъэбыдами,

СшыIэн си нэпсыр сэ слъэкIакъым.

Ди фочыр быдэу IитIкIэ ткъузу,

Бийр зыдэс къалэм дыдэуат.

Зауаем щIылъэр игъэгызу,

Топ Iэджэ зэуэ зэдеуат.

МафIэсым ису унэр лъалъэт,

Сабий гузасэу ныбгъэдэту,

Шынауэ а зеиншэр зи мыпсалъэт,

Гъын куэдым и гур хигъэлъэту.

КъэкIащ сэ си гум сипхъу сэ згъафIэр,

Сабийр хъумапIэм щызгъэпщкIуауэ,

Си псылъэм иту псы езгъафэрт,

И гуауэр си гум щымыткIуауэ.

— Фи дей сыздэшэ, дадэ лъапIэ,

Сыгъынкъым…Си анэр яукIащ

Нэмыцэм,- жиIэрт хъыджэбз цIыкIум.

А псалъэр гущIэм щытэджащ.

Ди бгыщхьэ мывэ къыщехуэхыу

Къуэ куум и лъэгум щыбзэхам

Си нэпсыр хуэдэу, мис къыпыхури

Си нэкIу гын Iугъуэм щытенат,

Налкъутналмэсу нэпсыр лыдри

Сабий щхьэц хужьым хэкIуэдат.

А цIыкIур хуэму къэзубыдри

Си бын пэслъытэу ба хуэсщIат.

ИтIанэ и нэм сэ сыщIэплъэу

Сабийм и закъуэ тхьэ хуэсIуащ:

Абы и гуауэм сигу къигъэплъу,

Сэ илъ сщIэжыну ныжесIащ.

Гугъуехь е гуауэ сыхуэзами,

Нэпс ткIуэпс си гъащIэм сфIэкIуэдакъым.

Мыбдеж, сигу дауэ згъэбыдами,

СшыIэн си нэпсыр сэ слъэкIакъым.

25. «ЖыIэт, мыпхуэдэу щхьэ сызэшрэ?»

ЖыIэт, мыпхуэдэу щхьэ сызэшрэ?

Хэт гуауэ щIыIэр къызита?

Е си псэм бампIэр бийм хуигуэшрэ?

Е си насыпыр сфIэкIуэда?

КIуэда мычэму згъэлъэпIари?

ЗгъэщIэну псори сэ згъэщIа?

Сигу Iэл ерыщу лъыкIэ спIари

СфIидыгъуу Iэсэ хэт ищIа?

НэгъуэщI игъащIэм темысами,

ЗэвыпIэм си шыр щызэгъа?

Зы увыIэпIэм емысами,

КъуэкIийм си алъпыр щалъэхъа?

Зы махуэ си гур згъэпыIакъым,

Сэ гъуэгу сытету сымызэш,

Зэуэн сэ си псэр щызгъэщIакъым –

Сосрыкъуэ лъыкIэ срикъуэшщ.

26. «Фэеплъ бэлътоку»

Уэсыбэр губгъуэм мес токIыж –

Уэсыпсыр щIыIэу удзым щIэтщ,

БлэкIа зэманхэр сигу къокIыж,

Си нэгум дахэр уэ ущIэтщ.

Сэ тхылъ нэзмытхыу щыщытам,

Уигу щабэр, дауи, къызэбгъат,

Иджы нэстхахэм гу лъыптам,

Си дежкIэ мащэр гъунэгъуат.

Биишэ си бгъэм пхылъэтау

Щытами, шэми сыкъелащ.

Бэлътоку фэеплъу къызэптам

Абдеж и кIапэр лъым илащ.

Фашист окопэм сынэсау,

Иужь нэмыцэм сэ сихьау,

Абдеж шэ бзаджэ къыслъысау

Жыг лъабжьэ гуэрым сыщIахьат.

Лъы пщтыркIэ уэсыр згъэпщIэнтIау,

ФIыуэ слъагъур си гум укъэкIат.

Бэлътоку фэеплъу къызэптар

УIэгъэ пщтырым тескъузат.

Си деж упIащIэу укъэсау,

А уи Iэ щабэу сигу къинар

УIэгъэм гуапэу къеIусау

КъысфIэщIри, си гур зэфIэнат.

Иджы бэлътокум сэ соплъыж,

Сэ сыпсэухукIэ ар схъумэнщ.

Ар нэзгъэзэжмэ узотыж,

Фэеплъу тIуми къытхуэнащ.

27. «Пощтзехьэхьэ пщащэ»

Пощтзехьэ пщащэр игу къилъэту,

Уэнжакъ къутахуэм бгъэдохьэ.

Блын фаджэ кIыхьым бгъэдэту

Илъагъур пщащэм игу щIохьэ.

ЩIапIэжь хъумакIуэу къэнауэ

Хьэжь, гъуэмбым къопщри, къыIуощIэ,

КъэкIуам ар къоплъыр мыбанэу,

Ныбаджэу бгъукIэ хьэр йощIэ.

Мис, хьэдэ дзажэу, гъуэлъыпIэр

Чырбыш къутахуэм къыщIоплъыр,

Iэрытхыу, гъуабжэу тхылъымпIэр

Жьым щигъэсыскIэ, лъыр къоплъыр.

Хъыджэбз нэ фIыцIэр гушхуауэ

НысащIэ дахэм IущIакъым.

ЗэуапIэ жыжьэм щатхауэ

Письмори зыми Iихакъым.

И гуауэр нэпскIэ егъэткIури,

БлэкIари и гум къокIыжыр.

Письмор и сумкIэм щегъэпщкIури,

Нэщхъейуэ пощтзехьэр IуокIыжыр.

28. «Борэн»

Борэн кIыфIыр къыкъуэкIауэ

Уэсыр мэзым щеухуэнщI,

Мазэм и фэри пыкIауэ

Къуапэр пIийми, и кур нэщIщ.

Ауэ пшагъуэм бащлъыкъ гъуэжькIэ

Мазэр пIащIэу щIеуфэж,

Дыгъужь щхъуэжьыр гъуэм щыкIуэжкIэ

ИщI лъэужьыр щIым третхъуэж.

ХьэIуцыдзым ядэкъугъыу.

Жьыбгъэ макъыр бгыщхьэм итщ,

Уэс хужь щIакIуэр жыгым щыгъыу,

Зигъэщхъауэ сэнтхым тетщ.

— Жьыбгъэ, жьыбгъэ, жьыбгъэ гуащIэ,

Щхьэ ныщхьэбэ уета?

Бжей жыг лъэщхэр хыбогъащIэ,

Бгы бгъуэнщIагъхэри пкудащ.

— Сэ ныщхьэбэ, — жеIэр жьыбгъэм, —

Бийм я хьэдэр щIызолъхьэж,

Бын текIуахэм яIа лIыгъэр

ЩIыр къэскIухьу соIуэтэж.

29. «Си анэм»

Си гъунэгъуу къакIуи уэ къэтIысыт,

Къащтэ дзасэр, лыпцIэр сэ згъэжьэнщ,

Мис си дамэм вагъуэу тху щонэхур,

Кремль вагъуэм ар я къуэшщ, уэ пщIэм.

Жьыбгъэм уэсыр пщIантIэм къыдекIутэ,

Нобэ махуэм ещхьти сыщежьар,

Сэ къысфIощIыр ар дыгъуасэ хуэдэу,

ИлъэсиплIкIэ нобэм упэплъащ.

Уи псэлъэкIэу жыIэт «а си дотэ»,

Гуауэ псори хъуащ иджы IэщIыб,

ЩIы тхьэлъэIуи, уеблэм ноби содэ,

Сэлэт хабзэу фляжкэм дегъэIуб.

Ефэ, ди анэ, уэ ипфащ нэхъ гуащIэ –

Гуауэ Iэджэм уи щхьэр хужь ящIащ,

Ефэ, уи къуэу къэкIуэжами папщIэ,

Куэди нэпсу щэхуу уэ плъэщIар.

«День Победы» уэрэдым зы едзыгъуэ къоуэри макъамэр хуэму ешэхауэ адэк1э усэхэм къыпащэ.

30. «Салют»

Бгым къелъэ псышхуэм и макъ уардэу,

Мэзкуу салютхэр зэхыдох,

Дэ текIуэныгъэр ди гъуэгу мардэу

Бийр щхьэхьу ди щIым дэ идоху.

Ар жьым хэкIуасэу макъ гуфIэгъуэу

Ди мэзхэм, гъубгъуэм щызэпхокI,

Абы йодаIуэр ди анэр гугъэу,

И щIалэр хъуэхъукIэ и гум къокI.

Абы йодаIуэр ди адэр пагэу,

И къамэр IитIкIэ иубыдауэ,

Щхьэ тхъуар иIэту, бжьыфIэу, лъагэу,

ГуфIэгъуэр нэкIум телыдауэ.

ЙодэIу а макъым ди нысащIэр,

ХуищIауэ IэплIэ и сабийм,

«КъэкIуэжмэ» — жиIэу ар мэпIащIэ,

Дэ докIуэ, докIуэ деуэу бийм.

ПщIэнтIэпсрэ лъыпсрэ щIым и фадэу

Щытау пшэ фIыцIэр щхьэщыдоху.

Бгым къелъэ псышхуэм и макъ уардэу,

Мэзкуу салютхэр зэхыдох.

31. ЕзыгъэкIуэкIым –

Хыр си шэкъалъэу

Къалэм хуэфащэ сиIатэм,

Ди ТекIуэныгъэм и усэр

ДыщэпскIэ уафэм истхэнт.

32.ЕзыгъэкIуэкIым – Хэку зауэшхуэр ди къэралым и ТекIуэныгъэкIэ иуха нэужь, КIыщокъуэ Алим, зауэм и кIыхьагъкIэ лIыхъужьыгъэ щызэрихьэу хэтауэ, и лъахэм къегъэзэжри гугъуехьрэ щIыхьрэ зыпылъ IэнатIэ зыбжанэм Iутщ, лэжьыгъэ зыбжани егъэзащIэ. Шэч хэмылъу, Алим зыIута IэнатIэшхуэхэм я фIыгъэкIэ, гъащIэм нэхъыбэ хищIыкIи хъуащ, ар цIыху куэдым яIущIащ, абы куэди къилъэгъуащ. Апхуэдэу махуэ къэс зыхэт лэжьыгъэм усакIуэм Iэмал кърет гъащIэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыну. цIыхухэм я псэукIэр, я лэжьыгъэ иныр и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэну. Абы и усэхэм макъамэ нэхъыщхьэ хуэхъур сэбэпынагъ ин зыпылъ цIыхубэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэрщ, IуэхущIафэ дахэхэрщ. Абы и лэжьакIуэ пэрытыр псэемыблэжщ, гъащIэр ирегъэфIакIуэ, егъэщIэращIэ.

33. «МакIуэ щIалэр ауз гъуэгукIэ»

МакIуэ щIалэр ауз гъуэгукIэ,

МакIуэ, макIуэ къемыплъэкI,

Iэджэ щIалэм и гум къокIыр –

И къуажэжьыр хъуащ зэгъуэкI.

Жьауэ ещIыр упщIэ пыIэм,

И хъуржыныр щIыбым илъщ.

Гъуэгу зытетым темыпыIэ –

ЛэжьыгъэщIэ къыпэщылъщ.

Мис а щIалэр рудокопу

Пятилеткэм хуэхъум фIэфIщ,

— Скъутэ мывэр къауэу топу

Ар си дежкIэ IэщIагъэфIщ.-

ЖиIэу щIалэр мэгупсысэ,

IэщIагъэщIэм нэр къыхуокI;

Гъуэгухэм нэпкъыр ящIыр кусэ,

Грузовикхэр щызэблокI.

Бгыщхьэ натIэхэр зэлъауэ

Псыр щошхыдэ ди ауз.

МакIуэ щIалэр, зэщIэплъауэ,

Бгыщхьэ къалэу Тырныауз.

34. «Мэл гуартэ»

Дэджэхъуу пашэр япэ иту

Мэл гуартэр къохыр хъупIэ лъагэм,

И щIакIуэ фIыцIэр щыгъыу хуиту,

Мэлыхъуэр мэлым иропагэ.

Пшэ фIыцIэ хьэлъэм щIыр щIиуфэу

КъыпфIощI, мэл хъушэм уэ уахэплъэм,

А псор зыхъумэр месыр гуфIэу

Уэрэду жеIэ и гум хэлъыр.

Ди щIыгу мыпхуэдэу мэл щыбагъуэу

Плъэгъуа уи гъащIэм уэ зы махуэ?

Хэт къеплъу щытми ягъэщIагъуэ,

А псор колхозым хузэрахуэ.

Бий ябгэм ди щIыр къыщибгынэм,

Мэлищт къэнари, ар ди жагъуэт,

Иджы хъуэпсэгъуэм иIэ гъунэ?

Хъерышхуэу Iэщыр мес мэбагъуэ.

35. «Уузыншэм!» — сэ жызоIэ»

«Уузыншэм!» — сэ жызоIэ.

Сэ а псалъэ пщ1э хузощI.

Ар къысхуэзэм къызжамыIэм,

Махуэ къэскIэ си гум хощI.

ЩремыщIэ узыншагъэ

ЦIыхум фIыкIэ хуэупсар.

Куэдкъэ, жиIэу щIемыгъуэжу,

Лажьэу шхэжу цIыху есар.

Ди жыг хадэри узыншэу

Ирегъагъэ гъатхэ къэс.

ЛъапэпцIийуэ сабий цIыкIухэр

Пхъэщхьэмыщхьэм лъреIэс.

Фыузыншэм, ди жыг жьауэ,

ПсыIэрышэу тхуэмубыд.

МафIэ гуэри къэлыдынум,

Жьэгум дэлъыр кърелыд.

Шэ шынакъым щIакхъуэ щIыгъуу

Узыншапэуи щрет.

Ди жыг хадэм, пIалъэр къэсмэ,

МыIэрысэ къыдрет.

Уафэгъуагъуэм уэшхыр къишэм,

Жызумейхэм псыр зыщIаф.

Хъарбыз хадэм уэр къытехуэу

ИремыхъукIэ зэи Iисраф.

Уузыншэм, дыгъэ къепсу

Нобэ махуэр зыгъэнэху.

Фыузыншэм сэ стхы усэр –

Си псэ тIэкIум зегъэпсэху.

Узыншагъэм дыщымыщIэм,

Ди IэнатIэр нэтхьэсынщ.

«Уузыншэм!» — жиIэу хъуахъуэр,

И мурадым лъэIэсынщ.

36. ЕзыгъэкIуэкIым — Апхуэдэ лIыхъужьхэщ, Iущхэщ, зэкIужхэщ, ерыщхэщ, хахуэхэщ, псэемыблэжхэщ, шыщхьэмыгъазэхэщ КIыщокъуэм и усэхэм къахэтэджыкI лирическэ лIыхъужьхэр.

Абы и лIыхъужьым екIуу зэпешэчыф дыгъуасэри, нобэри, пщэдей къэунэхупхъэ щIэми хуэхьэзырщ, блэкIар фIыщэу зыщIэж, къэкIуэнум къыхэмыщтыкIыу хуэбакъуэ а цIыху зэпIэзэрытыр хьэлэлщ, гу щабэщ, и гупсысэр жанщ, лъагэуи щолъыхъуэ. ЦIыхумрэ цIыхумрэ гу къуэпскIэ зэрызэпыщIар хьэкъыу зыпхыкIащ:

Зы унагъуэм гъыбзэ щыIумэ,

Я гъунэгъури ягъэгуIэ.

37.ЕзыгъэкIуэкIым – Алим и лIыхъужьыр хахуэщ; къыхиха Захуэм, зытеува Пэжым къэмылэнджэжу тетынущ:

Уафэр гъуагъуэу щыблэр уэми

Узытетым утемык1.

38.ЕзыгъэкIуэкIым – Ауэ абы и лIыгъэр нэм къыщIэпыджэу игъэпIийркъым; Iэдэбщ, зэпIэзэрытщ. Абы нэхъри гурыхь пщещI:

ЛIыгъэ зиIэм мафIэ ишхми,

Батэкъутэр имыгъэш.

39.ЕзыгъэкIуэкIым – Хьэуэ, абы нэщIэбжьэ зыхимыщIэуи щытакъым. Зылъэгъуар зыщыгъупщэжхэми ар ящыщкъым. И нэгу щIэкIам пIэщIэгъуэ хэмылъу ар йогупсыс, блэкIар гупсэхуу зэпеплъыхьри, яхуэфэщэн пщIэи нобэрей пщалъэкIэ яхуещI:

Куэд къытхэхъуауэ къысфIэщIами.

ЗыкIи мымащIэ дэ тхэщIари.

40.ЕзыгъэкIуэкIым – КIыщокъуэм и иужьрей усэхэм аргуэру зэ къыщытрегъэзэж лъэпкъым и гъащIэм анэдэлъхубзэм щигъэзащIэ къалэнымрэ щиIэ мыхьэнэмрэ.

Нэхъыжьыр дунейм йохыж. Лъэпкъым щIэблэ къыщIохъуэ. Дунейр чэзущ. Дунейм и гъусэу бзэри зэIэпах, «бзэр мафIэм хуэдэу, мыкIуэду» яхъумэ. Яхъумэ бзэр лъэпкъым и напэщи, и хьилмыщи. Яхъумэ – бзэр цIыхугъэщи.

Дядэм ядэжхэм я тхыдэр

ЩIэмыкIуэдари аращ.

Лъэпкъым и бзэр зэрымыIуэху джэгур, атIэ къэрал, дуней Iуэхуу зэрыщытыр усакIуэм щIэгъэщхъуауэ къеIуатэ:

Уэрэдыр лIыгъэм хуаусмэ,

И псалъэр вагъуэм лъоIэс.

КIыщокъуэ Алим дежкIэ анэдэлъхубзэр ауэ зэрыпсалъэ, зыхэпсэукIын зэрызэригъэпэщ Iэмэпсымэкъым, атIэ псэм и зы Iыхьэщ, езы дыдэм и цIэр зыгъэIуари а бзэращ. Ауэ бзэр ар зи IэщIагъэм ищIэн хуейуэ, адрейхэр абы хуэхейми хъуну аракъым:

Бзэ зимыIэр, щIылъэм тетми,

Хуэдэ къабзэщ къамылъхуам.

41. «Ди бзэмрэ сэрэ»

ЛIэщIыгъуэ дапщэ къэдгъэщIами,

Сэлам къытпежьэм дэ етхынщ.

Ди бзэр псэужмэ, апщIондэхукIэ

Си гугъуи ящIу зэхэфхынщ.

МакIуэ сыхьэтыр къимыгъазэу,

Вагъуэм нэсыни хулъэмыкI.

Нэхъ згъэкIыхьынут бзэм и гъащIэр,

АрщхьэкIэ зыми ар лъэмыкI.

КъэдгъэувыIэнут а сыхьэтыр,

АрщхьэкIэ ди бзэр дигу пымыкI.

Си щIыбым илъу стелъщ сэ хьэлъэ,

Бэлыхьу Iэджэм сыхэмыкI.

Сэ щIы къатиблыр къыслъысами,

Си анэм и бзэр сIэщIэмыкI.

Щыблэр къыщыуэм щыщIэдзауэ

Вагъуэзэшиблым деж нэсыху –

Аращ дэ гъуэгуу дызытетыр

Ди анэм и бзэр тхъумэжыху.

42. «Сэ нэгъуэщIыбзэщ тхылъ зэрыстхыр»

«Сэ нэгъуэщIыбзэщ тхылъ зэрыстхыр», —

Адыгэм жиIэу зэхызох.

Сэ лIым жесIэнур къысхуэмыщIэ:

Пэжщ, ди бзэр мащIэу яIэщIоху.

Ауэ си ныбжьым куэд слъэгъуакъым

Анэдэлъхубзэр зыщI IэщIыб.

ДыщэпскIэ утхэм Iуэхур щхьэхуэщ,

Сэ сигу темыхуэ бзэр зыуб.

Уэ бзэуэ къащтэ узэгуакIуэр,

Дэ тIум ди Iыхьэ зэхэмылъ.

Еджэф си закъуэу сыкъэнами,

Си бзэр схъуэжыну сыпымылъ.

43. «Гъуэгу къежьапIэ»

«Адыгэбзэр сыт щ1эдджынур,

Зыдынэсыр Къалэк1ыхьырщ»,-

Ар ауану 1эджэм жа1эр,

Мышыу псалъэм т1эк1у хэчыхьу.

Щызэхэск1э сэ а псалъэр,

А гушы1эр сигу темыхуэ.

Станцым нэси унигъэсмэ,

Ар бзэм дежк1э уф1эмащ1э?

Бзэр шу лъагъуэм хузогъадэ,

Бгъузэу щытми, станцым нос.

Унэсакъэ-гъущ1 гъуэгушхуэм

Къыщыппэплъэу тетыр поездщ.

Уи гъуэгуанэр жыжьэу щытрэ

Ук1уэфынум къыумыгъазэу-

Шым епсыхи к1уэ маф1эгук1э,

Тетщ а гъуэгум вагъуи мази.

Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу

Гъущ1 гъуэгушхуэм сытехьакъым,

Адыгэбзэр зэзмыгъащ1эу

Урысыбзэр сщ1эн слъэк1акъым.

Iуащхьэмахуэ телъ уэс къабзэу,

Си анэм и бзэр сэри сфIэфIт.

Си букварыр зэIусхауэ

Сыкъеджамэ, махуэр уэфIт.

Ноби школым кIуэм а тхылъыр

Я блэгущIэм цIыкIухэм щIэлъщ,

Урысыбзэм и гъуэгушхуэм

Нытехьэну я гум хэлъщ.

Адыгэбзэр хэт фIэгугъуми-

Ещхьщ си дежкIэ псыIэрышэм,

Ар уэрэду зэхызохыр,

Къурши губгъуи къыдэушу.

Хэт ухуейми сыкъыдожэ,

Iэджэм япэ сэ сищащ.

Адыгэбзэу си шы Iэсэм

Шы тесыкIэ сигъэщIащ.

Ар си гъуэгум и къежьапIэщ,

Ар си дамэщ, ар си напщIэщ,

Ар сымыщIэу щытыгъатэм,

КIэщI дыдэнут сэ си гъащIэр.

Си анэм и бзэу си нэм хуэсхь,

Уэ къыптехуэр схуохъу удын.

Гъуэгу тетыныр сэ щызухкIэ,

Уи Iэр сIыгъыу сыухынщ.

44. ЕзыгъэкIуэкIым – Дэтхэнэ зы усакIуэшхуэми хуэдэу, КIыщокъуэ Алим и мащIэкъым адыгэ лъахэм, Хэкум, цIыхугъэм, хабзэ – нэмысым, и адэжь щIыналъэм теухуа усэ купщIафIэхэр. Мис апхуэдэ усэхэм шэрыуэу щобелджылы Хэкумрэ абы щыпсэу

цIыхухэмрэ я IуэхущIафэ дахэхэр.

«Си адыгэ Хэку» («Родина отцов») КIыщокъуэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдыр къоуэ, уэрэдым зы едзыгъуэ къоуэри макъамэр хуэму ешэхауэ адэк1э усэхэм къыпащэ.

45. «Адыгэ Хэку»

Хэкуу щыIэм уахэзмыбжэ,

Псалъэу уэстри согъэпэж.

Уипс семыфэу махуэ згъащIэм,

КъэзгъэщIахэм хэзмыбжэн.

Уи псы уэрхэр мажэ щхьэхьу,

Я IуфитIыр напщIэм телъщ.

Гурылъ къабзэ сэ схуэхъуауэ

Нэм и нэхуу сэ си хэку.

Ухэкушхуэу жамыIами,

Гушхуэ хэкум уэ пкIуэцIылъщ.

Уи лъыр бийхэм хуамыгъэгъуу

Бын зэуахэм сахэтащ.

Зы жэщ-махуэ къытхуагуэшмэ,

Содэр жэщыр къыслъысам.

Махуэ бзыгъэр нэр дэджылу.

Си хэку нэхум къыплъырес.

46. «УцIыкIуу уи гум ибубыдэр»

УцIыкIуу уи гум ибубыдэр,

Дунейр бухыхукIэ имыхун.

Си анэм ноби и джэ макъыр

Зэхэсмэ, гъуэгур жыжьэ схунщ.

Бжьыхьэм къесакъэ япэ уэсыр,

Ар си щIэщыгъуэу сэ къэзжыхьт.

МылъапцIэу, щIыIэм лъэр писыкIыу,

ВакъитI, сыжеймэ, сэ си пщIыхьт.

Седжэну жыжьэ сыщагъакIуэм,

А махуэр ноби сэ сощIэж,

Си анэр гъыуэ ныздэкIуатэрт,

«Уядэжь и унэ къэгъэзэж»,-

Арат жиIэфыр къыскIэлъыплъу.

Зауэр къохъейри шым сошэс.

Аргуэру сянэр ныздокIуатэр,

Къысхуимыгъазэу станцым нэс.

«Тхьэм укъихьыжтэм бэIутIэIуншэу»,-

Ар нэмэзыбзэу къибж зэпытт.

Иджы сыщежьэм, сэ си анэр

НыскIэлъыкIуатэм яхэмытт.

Ди адэ уни согъэзэжыр,

Ди пщIантIэ нэщIми сыдохьэж.

«Къохъусыж, си щIалэ»,- зым жимыIэ,

Гухъу цIыкIукIи сянэр мыужьгъэж.

Сихьыным хуэдэу псы уэрари,

Псыхъуэм сыдыхьэм, игъукIащ,

Псы кIэнтхъ къинамэ, – куэдрэ? – ари

ИгъущыкIынщи – упыкIащ

Си анэр гъыуэ къыскIэлъыкIуэу:

«Уядэжь и унэ къэгъэзэж»,-

ЩыжиIэм, сщIакъым и лъапIагъэр.

Иджы IэфракIэм содзэкъэж…

КIыщокъуэ Алим езыр къеджэу «Кхъужьей къудамэ» усэм егъэдэIуэн.

47. «Сыкъыщалъхуар мы щIыпIэрщ»

НэхъыфI къафIэщIым сыхэмыдэу,

Мыращ си хэкури – хэзмыкухь.

Си махуэр вагъуэм пагъэнащи,

Си жэщми жыжьэу къыспекIухь.

Уи мыви удзи къыздалъхуахэщ,

Си гуауи гуапи япыщIащ.

ЕупщIыт бжейуэ жыг щэджащэм,

ЕдэIу – си усэр къеIущэщ.

Щхьэмыжыр плъагъурэ – ажэ жьакIи,

ЩIым хэлъхьэ хьэдзи – къэкIыжынщ.

Си хьэсэр щIакIуэу схуаубгъуащи,

ЩIы вам хэплъхьари уэ пшхыжынщ.

Къалэм пхъэIэщэу къызатари

Нобэр къыздэсым сIэщIэмыху.

Сэ си лъым ещхькъэ псы Iэрышэр,

Iэхъушэр хъупIэм пхудэмыху.

Ящоу си усэм сэ мэлымэ,

Си Iэщу дэсхум къагъэзэж.

Сыт бэлыхьлажьэ къыстехуами,

Си хэкуу дыщэр согъэпэж.

СфIэфIщ чыржыни, сипсри къабзэщ,

Уи мырамыси си босынщ.

Си хэкур псоми йоIэфIэкIри,

Дэни сыгъакIуэ – сынэсынщ.

48. «Ди хэку аргуэру къызогъазэ»

Ди хэку аргуэру къызогъазэ.

Слъэгъуамэ къуршхэр, гур хохъуэж.

Удзымэ IэфIхэм чэф сащIауэ

Ди унэ тIэкIум сокIуэлIэж.

Ныбжьэгъухэр ноби къысхуосакъыр,

Къызэдэуэни щагъэтыж.

Щхьэщытщ унащхьэм Iугъуэ мащIэ,

Пшэм лъэIэсамэ, къемыхыж.

Сахуэзэм цIыхум, согумащIэ,

СымыщIэ хэкур зэзгъэпщэн.

Дыдауэу гъащIэр сыт щIетхьэкIыр,

Зэпыдгъэуауэ дылъэщэн?

Дэ махуи жэщи демызэшу,

ДыпIащIэ – тхъытхъыу къыдожыхь.

Ди псэм нэхъ къищтэр дымыщIэжу,

Дигу иримыхьыр хыдокухь.

Дунейм къутэхукIэ утетыну

Уи гугъэм, уи щхьэр къогъэпцIэж.

ГъэлъапIэ жэщыр, махуэм хуэдэу,

Уи хэку дахащэр гъэлъэпIэж.

Адыгэ драмтеатрым и артистхэр къеджэу зы усэ усит1 егъэдэ1уэн.

49. ЕзыгъэкIуэкIым – Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэ иным къыдэкIуэу гурыщIэ къабзэр, лъагъуныгъэм и къарур, и зэфIэкIыр, абы цIыхум дамэ къызэрытригъакIэр, зэригъэгушхуэр, нэхъ дахэ, къабзэ, щэныфIэ зэрищIыр, и лъэкIыныгъэр зэриIэтыр и усэхэм къыщимыгъэлъэгъуауэ, тхыгъэ зыбжанэ тримыухуауэ зы усакIуи щыIэу къыщIэкIынукъым. КIыщокъуэ Алими абыхэм ящыщщ. КIыщокъуэм и усэхэм къыщыгъэлъэгъуа лирическэ лIыхъужьыр, сытым дежи, и лъагъуныгъэм хуэпэжщ, гуфIэгъуэмрэ насыпымрэ и бащэщ.

Лъагъуныгъэм теухуауэ КIыщокъуэм и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэд къоуэ, иужьклъагъуныгъэм теухуа усэхэм къоджэ.

50. «Лъагъуныгъэ»

Лъагъуныгъэр гъащIэ уасэщ,

Лъагъуныгъэм псэр дехьэх.

КъыпщIэуамэ – зыдэгъазэ,

Псы къиуауэ урехьэх.

Ущхьэхуиту упсэуамэ,

Лъагъуныгъэм гъэр уищIынщ,

И дакъикъэр уи нэ, уи псэу

Илъэс псоми япэпщIынщ.

Лъагъуныгъэр псы къиуащи,

Мывэ нэпкъи ныщIеуд.

Лъагъуныгъэм елъэпауэм,

ПситI зэпытыр зэпеуд.

51. «Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ»

Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ,

Къыщыкъуэк1ыр хэт ищ1эн.

Лъагъуныгъэр гъатхэ дыгъэщ,

Къыптемыпсэм — уп1ыщ1энщ.

Уи псэр щэхуу дахьэхамэ,

Гъатхэ мазэр къэунэхуащ,

Щ1ымахуэкум уэсыр къесмэ,

Уэ щыблэшэ къыптехуащ.

Жэщи махуи уи зэхуэдэу

Угуит1щхьит1у жейр мэк1уэд,

Къуалэбзухэм уахуэзамэ,

Дажыбо1э уэ уэрэд.

Псалъэ закъуэр уи нэ — уи псэу,

Зэ 1уплъэгъуэм ущ1охъуэпс.

Ф1ыуэ плъагъур гум къэк1амэ,

Уи гум уафэр къыщохъуэпск1.

Къуалэбзуми т1урыт1ыххэу

Шхыныр губгъуэм къыщащып,

Дэри ди псэр лъагъуныгъэм

Зы ищ1амэ, ди насыпт.

21. «Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт»

Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт,

Нэм сыщIэлъми сыщIумыхт.

Уэ дыгъуасэ сыпхуэзати,

СыноджэжкIэ зэхыумыхт.

СыткIэ уи гур къызэбгъауэ

Сэ къызэптрэ уэ нэмыплъ?

Гурылъ псалъэм сепцIыжакъым,

Е нэгъуэщIым сапымылъ.

Псалъэ дыджу къызжепIами –

Сэ шэ фIыцIэу сигу хегъэщI.

Япэм хуэдэу узгъуэтыжтэм,

Уизгъэсынут уэ си куэщI.

ПсэкIэ, сощIэр, сынеплъэкIми,

Уэ бжезмыIэ: къэгъэзэж.

Лъагъуныгъэр псым ихьамэ,

Мывэ хужьу къыхонэж.

53. «ЩIалэ нагъуэм удихьэхмэ»

ЩIалэ нагъуэм удихьэхмэ,

Уи гум илъ жомыIэ,

УзэгуакIуэм уимыцIыхумэ,

И цIэр куэдрэ жыIэ.

Узыпылъым уешхыдамэ,

И ныбжьэгъу щIы гъусэ.

Пагэу дахэм щIыхь хуумыщIмэ,

ЩIэхыу зегъэгусэ.

Пщащэм и гур къэпхьэхунум,

Куэдрэ уIумыщIэ,

Игу къыпхуилъыр зэбгъэщIэнум,

КъыбжиIар хуумыщIэ.

Куэдрэ хэдэм дахэ хуэщкъым,

Пагэм щохъу ар щхьэкIуэ,

Я нэхъ гуакIуэр дахэр аркъым –

Уэ къыхэпх нэхъ гуакIуэщ.

Адыгэ макъамэ дахэ хуэму къеуэу адэк1э езыгъэкIуэкIхэр къоджэ.

54. ЕзыгъэкIуэкIым – ЩIыхь зыхуэфащэ адыгэ усакIуэшхуэр лъэпкъ куэдым, цIыхушхуэ куэдым къызэрацIыхум, пщIэ къызэрыхуащIым, и тхыгъэхэм куэд зэрыщыгъуазэм, ахэр нэгъуэщI лъэпкъ куэдым зэраджым и щыхьэтщ КIыщокъуэм щхьэкIэ цIыхушхуэхэм жаIахэр:

55. КIыщокъуэ Алим игукIи и псэкIи адыгэлIщ, ауэ абы и къалэмыпэм къыщIэкI усэ сатырхэр къызыхэкIа лъэпкъым и шыфэлIыфэр къэгъэлъэгъуэным и къэухьым къыщызэтеувыIэркъым: абы и усэхэм гукъинэжу нэрылъагъу ящI обществэщIэр зыхуэдэ цIыхум и гъащIэр. И дунейр, ар емышыжу IуэхугъуэщIэхэм зэрыхущIэкъур, мурад инхэм зэрыщIэбэныр, абы и пщэдейр зэрызэIубзыр. Гринберг Иосиф.

56. КIыщокъуэм и романхэм къеджахэр дихьэхащ ар гъащIэм, цIыхугъэм ехьэлIа мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ Iуэхугъуэшхуэхэм тегушхуауэ зэрытепсэлъыхьым. ГъащIэм и пэжыр нехьэкI – къехьэкI хэмылъу къэгъэлъэгъуэным тхакIуэм зыщидзеиркъым. ЦIыхухэм хэкум хуаIэ лъагъуныгъэ инымкIэ, интернацианализмэм и къару лъэщымкIэ псыхьащ романхэр. Ломидзе Георгий.

57. КIыщокъуэр нэгъуэщIым хыумыгъэгъуэщэн усакIуэ телъыджэщ. Абы и творчествэм и фIыпIэ нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунущ гупсысэ жан, акъыл куу зэрыхэлъыр, и темэр IупщIу зэрыубзыхуар…

КIыщокъуэ Алим тхакIуэщ икIи сэлэтщ, усакIуэщ икIи ухуакIуэщ….

Светлов Михаил.

58.КIыщокъуэ Алим гъуэзэджэу щыгъуазэщ къызыхэкIа лъэпкъым и гъащIэм. Абы и гуауэри, и гуфIэгъуэри псэкIэ зыхещIэ. ГъащIэм и къэхъукъащIэхэм ар сыт щыгъуи хуэнэбдзэгубдзаплъэщ.

Огнев Владимир.

59.КIыщокъуэм и творчествэм зэпымыууэ дызыщрихьэлIэ шум и образыр куууэ икIи гъунапкъэншэу зэрыщытыр къыдгурыIуэн хуейщ: ар зэщхьыр увыIэгъуэ зимыIэу кIэрахъуэ дунейрщ, ауэ щыхъукIи, нэр темыпыIэу гъуэгум тетщ а шур, ар зэрымыувыIэм хуэдэу. Езы усакIуэми абы и акъылымкIэ, и псэмкIэ къигъэщI лIыхъужьхэми увыIэгъуэ яIэкъым. Ахэр къэувыIэмэ, дунейр, гъащIэр псэншэу я пIэм къина пэлъытэщ.

Апхуэдэ гупсысэращ КIыщокъуэм и шум дызыхуишэр.

Алексеев Михаил.

60.Къэбэрдей усакIуэм и шагъдийр куэд щIащ Кавказ къуршыжьым къыщежьэу утыкушхуэ зэрихьэрэ. Абы и шы лъэ макъыр ди Хэкум адрыщIкIэ жыжьэу къыщоIу. А шагъдийм КIыщокъуэм и дамыгъэ телъщ.

Хузангай Педер.

61.Адыгэ усыгъэм игъащIэм хьэл – щэну, фащэу дамылъэгъуа фIыгъуэхэр къыщежьар КIыщокъуэ Алим и дежщ…

Iущыгъэр, Iэзагъэр, щIэныгъэр, лъэхъэнэм и гупсысэ пэрытхэр куууэ зыхэщIауэ ткIийуэ икIи къабзэу пхыгъэкIыныр – а Iуэхугъуэ уардэхэр дыпIэншэу зэхыхьэжауэ тхэкIэм къару лъэщ къыщрат лъэхъэнэм нэсащ КIыщокъуэм и зыужьыкIэр. Тхэн IэщIагъэр абы и дежкIэ гъащIэм и пкъыгъуэ щхьэхуэкъым, атIэ езы гъащIэрщ, а тIум зэгуэхыпIэ яIэкъым…

Алим бзаджагъэмрэ угъурсызыгъэмрэ щIэмычэу ебгъэрыкIуэ усакIуэхэм ящыщщ…

Сокъур Мусарбий.

62.КIыщокъуэ Алим и къалэмыпэм къыщIэкIащ нэр темыпыIэу зызыужь етIощIанэ лIэщIыгъуэ хьэлъэм и гупсысэ пашэхэмкIэ гъэнщIа, зи художественнэ къарур лъэпкъ, уеблэмэ къэрал гъунапкъэхэм щхьэдэхыфа, зэманым къигъэув упщIэхэм я нэхъ куум философскэ жэуап наIуэ зыщагъуэт тхыгъэ телъыджэ куэд.

Ди литературэм зэрызиужьа гъуэгуанэхэм щыгъуазэм дежкIэ нэрылъагъущ абы и тхыдэм КIыщокъуэ Алим и творчествэр лъэхъэнэ щхьэхуэу зэрыхэувэр. Апхуэдабзэу нэрылъагъущ Алим и усэмрэ и прозэмрэ адыгэ художественнэ гупсысэр фащэщIэкIэ зэраузэдар, абы и куупIэм, и уэрыпIэм, и гуащIапIэм унэзышэсыф къару а усэмрэ прозэмрэ зэрабгъэдэлъыр.

КIыщокъуэм и усыгъэхэм, и роман гъуэзэджэхэм яубзыхуащ зауэ нэужь илъэсхэм гъуэгуанэщIэ техьа къэбэрдей литературэм и хэкIыпIэ нэхъыщхьэмрэ и хабзэхэмрэ. Нобэрей ди литературэм и лъэпкъ фащэхэр, абы къыпэплъэ зыужьыныгъэм и гъэзапIэхэр гурыIуэгъуэ щыхъунур КIыщокъуэ Алим и творческэ гъуэгуанэр бджа нэужьщ, сыту жыпIэмэ ар зауэ нэужь илъэсхэм ди лъэпкъым и нэгу щIэкIа художественнэ зыужьыныгъэм и гъуэгуанэ нэхъыщхьэщ. Абы ипкъ иткIэ, гурыIуэгъуэщ, нобэрей ди литературэм и тхьэмадэ КIыщокъуэ Алим и творческэ гъуэгуанэр джыным мыхьэнэуэ иIэр.

Къэрмокъуэ Хьэмид.

63.ЕзыгъэкIуэкIым — И лэжьыгъэфI, лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIам, лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иным къыпэкIуэу КIыщокъуэм къэралым къыхуигъэфэщащ дамыгъэ зыбжанэ. 1964 гъэм Алим къыфIащащ Къэбэрдей – Балъкъэрым и цIыхубэ цIэ лъапIэр, 1989 гъэм Социалист лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр. КъинэмыщIу, КIыщокъуэ Алим РСФСР – м А.М. Горькэм и цIэкIэ щыIэ Къэрал саугъэтыр, КъБР – м и Къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщащ, щхьэ закъуэ жэрдэмкIэ ягъэува саугъэт зыбжанэми я лауреат хъуащ. Ар Къэбэрдей – Балъкъэрым, РСФСР – м, СССР – м я Совет нэхъыщхьэхэм я депутату зыбжанэрэ щытащ.

64.ЕзыгъэкIуэкIым – Зы ныбжькъым икIи ныбжьитIкъым Алим и усыгъэ жьгъырухэм, и роман купщIафIэхэм щIапIыкIар икIи щIапIыкIынур. Адыгэбзэм и IэфIыр зыхэзыщIэну хуей дэтхэнэми нэхъ игъэпажэ дыдэхэм ящыщщ абы и тхыгъэхэр, лъэпкъыр щыIэхукIи, шэч хэмылъу, ди литературэм и жьантIэм Алим и цIэр жьгъырууэ къыдэIукIынущ.

Пэжыр и гъуазэу, лIыгъэ хэлъу, гуащIафIэу дунейм тетащ, лъэпкъыр зэрыгушхуэн Iэужь дахэ куэд къыщIэнащи, цIыхухэм я гум зэи ихункъым КIыщокъуэ Алим и цIэр, псори дызэрыгушхуэ вагъуэу лъэпкъ щэнхабзэм и уэгум лъагэу итынщ.

Адыгэ макъамэ дахэ хуэму къеуэу адэк1э КIыщокъуэр езыр къоджэ и усэхэм.

65.Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ

Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ,

Дунейр збгынауэ фи мыгугъэ.

ЗылI къимыгъащIэ сэ згъэщIами,

Сыт щыгъуи гъащIэр си щIэщыгъуэщ.

ЩIыхуэ зытелъым хуэмытыжмэ,

ХэкIыпIэ куэдрэ ар мылъыхъуэу,

Зи щIыхуэ телъым и деж кIуэрти

Хуэув и хабзэт ар Iэщыхъуэу.

Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ,

ФемыпIэщIэкIыу фыкъыспэплъэ.

МылIэжыныгъэм стелъщ и щIыхуи,

Абы и пщIантIэм фыкъыдэплъэ

66. «Къэзгъэзэнущ сэ»

Псыежэхым къимыгъазэ,

Псыхъуэм дэтщи пхудэмыж.

Псым симыхьмэ, къэзгъэзэну

СщIащ уэрэдыр сэ лъэмыж.

ЩIым и гъуни сыщыщIэфлъхьэ,

Мывэ сынри сыту сщIын?

СыздыщIэлъыр хы адрыщIми,

Дыгъэмыхъуэ пхуэмыщIын.

Уэгум итщи щхьэуназэу,

Пшэ Iэрамэм уэшх къахьынщ.

Жьым симыхьу къэзгъэзэнщи,

Сэламышхуи къыфхуэсхьынщ.

Бзухэм гъатхэм къыдагъазэр,

Уаер къэсмэ, дэгызынщ.

Сэ жэщ вагъуэм сакъыхэту

Аркъэн хужьыр къывэздзынщ.

Къэзгъэзэнущ псыхьэлыгъуэу,

Къуэр си макъкIэ згъэпсэлъэнщ.

Гъатхэ жылэу сахъумауэ

ЩIы вагъэщIэм сыхалъхьэнщ.

Къыщызгъазэм уафэр бзыгъэу,

Уэшхи уэси зэщIэлъынщ.

СыхэбдзынкIэ Iэмалыншэу

Гъыбзэм псалъэу сыхэлъынщ.

КIыщокъуэм и псалъэхэр зыщIэлъ «Ладонь для птицы» уэрэдыр къеуэу езыгъэкIуэкIым пщыхьэщхьэр зэхуещIыж.

ЕзыгъэкIуэкIым – Хуит сыкъэфщI, КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 105 зэрырикъум теухуа, «ЛIы хахуэ лъэпкъым къыхэхъукIмэ, И напщIэ телъыр лъэпкъ дамыгъэщ» фIэщыгъэцIэр зиIэ литературнэ пщыхьэщхьэр абы и деж щыдухыну.

метки: Слъагъу, Л1ыхъужь, Щхьэкiэ, Мафiэр, Iэхъуэм, Щхьэр, Джэгукiэ, Жиiэри

Сочинение на тему «Сыадыг ык1и ащ сырэгушхо» , Сыадыг ык1и ащ сырэгушхо.

Адыгагъэр сыбгъэ къытео.

Сыбзэ амыгъэлъап1эмэ сыгу къео.

Ц1ыф зэфэшъхьафхэу миныбэ дунаим щэпсэу. Зы лъэпкъыр нахьыжъ, адрэр нахьык1, анахь лъэпкъыжъыхэм адыгэхэр ащыщых. Шэпхъэ зек1уак1эу ахэлъым ыц1эк1э адыгэмэ анэмык1 еджэхэу щы1эп. Адыгагъ зып1ок1э ар зэпхыгъэр зые лъэпкъыр зэрэадыгэр къеушыхьаты.

Сыадыг – сэ сыадыг. Сыбгъэ зэгохыгъэу «сыадыг» с1озэ, дунаир къэск1ухьан слъэк1ыщт. Ар сэзгъа1орэр сятэжъхэм къыса1уагъэр, сянэрэ, сятэрэ къысатыгъэр, къысхальхьагъэр ары.

«Сыадыг» зып1ок1э сыда къик1ырэр?

«Сыадыг» а гущы1эр гущы1э ин, гущы1э лъэш. Ащ къик1ырэр: сыпц1ыусэп, сытыгъуак1оп, сыхъунк1ак1оп, слъы къабзэ, силъэпкъ дахэ; гъэсагъэ, бзэ къабзэ 1улъ бэ къырып1онэу.

Тыдэ ук1уагъэми адыгэхэр джащ фэдэн фае, лъэпкъым ишэн дахэхэм ар язехьэк1он фае. Ар сэ згъэк1одымэ, зэхэсымыш1эмэ идэхагъэ, и1эш1угъэ сыда сызэрэбылымыр? Джащ сэ сегупшысэ. Сыкъызхэк1ыгъэхэм ац1и, сэ сц1и, силъэпкъ, сихэгъэгу идэхагъи, ибаигъи къэсыухъумэн фае.

Бзэ щымы1эу лъэпкъ щы1эщтэп ар нафэ. Лъэпкъыр лъызгъэк1уатэрэри, зыгъэбайри, зыгъэдахэрэри бзэр ары. Бзэр щымы1эу ц1эр щы1эп.

Бзэр щы1эныгъэм ылъапс, лъэпкъым лъапсэ регъэдзы, лъэпкъыр лъегъэк1уатэ. Л1эш1эгъу пэпчъ лъэпкъым зэхъок1ыныгъэхэр фэхъух. Непэ тымгъэфедэхэ нахь мыш1эми, шэн-хабзэ дахэу, гъэш1эгъонэу бэ тилъэпкък1э ти1эр. Гук1эгъуныгъэшхо къахилъхьэу, тилъэпкък1э тхэлъыгъэмэ зык1э ащыщ зэде1эжьыр. Зы л1эш1эгъум къик1мэ адрэ л1эш1эгъум къыхахьэзэ мы зэде1эжьыр тэ тимафэхэм къанэсыжьыгъ. Адыгэхэм а хабзэм «Ш1ыхьаф» фаусыгъэу ижъык1э къырэк1о. Егъаш1эм тиадыгэ лъэпкъ зыгъэдахэу, зыгъэл1ап1эу, шэн-зек1ок1э дахэу анахь тызэрэгушхорэ шэнэу тхэлъыгъэмэ ащыщ жъым, бзылъфыгъэм шъхьэк1афэ афэш1ыгъэныр, ук1ытэр. Ащ фэдэ шэн зек1ок1э зэхэтык1эхэр тилъэпкъ хэлъ, ахэр ч1этынэжьыгъэхэп, лъым хэлъыр зыми ч1инэн ылъэк1ыщтэп тыдэ щы1эми. Ау гукъаоу щытыр, непэрэ мафэм а шэнхэм щык1агъэ афэхъу. Нахьыбэрэ зэхэтхэу хъугъэ «адыгэ ч1ыналъ», «адыгэ нэмыс» зыфэп1ощтхэри. А зэк1эри дэгъу, хэхъо лъэпкъым изэхэш1ык1.

Ащ уш1ок1ынышъ, ищы1эк1агъэм, илэжьэк1агъэм, ихъишъэ, ыбз, икультурэ нэмык1хэми защыдгъэгъозэным зыфэтэщэи. Дахэх тич1ыналъэ, тинэмыс, адыгэ шэн-зэхэтык1эхэр тиусэхэми тиорэдхэми зэрахэтхэр, зэрэдгъэлъап1эхэрэр. Дунаим щыпсэурэ адыгэхэр нахь зэлъык1охэ, нахь зэрэлъытэжьыхэ зэрэхъугъэхэр гуш1уагъо.

Лъэпкъ нахь ц1ык1ухэмэ абзэ, яшэн-хабзэхэр, ятхыдэ язэгъэш1эн нэмыплъ ратэу, дэдзых аш1эу зэмани къыхэк1ыгъагъ. 1994-рэ илъэсым щегъэжьагъэу адыгабзэр къэралыгъуабзэ тиреспубликэ щыхъугъэми, бзэр имыщык1агъэу бэмэ алъытэ. Адыгэ унэгъо к1оц1ым исхэр, адыгэк1э залъытэжьзэ урысыбзэк1э зэдэгущы1эжьых. «Адыгабзэм сыда ш1уагъэу къыпфихьыщтыр» зы1орэ ныхэр щы1эх. Къэлэдэсхэу зик1алэмэ яныдэльфыбзэ язымгъаш1эхэри къахэк1ых. Ар лъэшэу гукъао мэхъу. Ащ фэдэ ц1ыфэу зыбзи, зитарихъи, зикультури зымыш1эрэр ибэм фэдэ мэхъу, лъэпкъым щытхъу къыфихьырэп, лъэпкъыр егъэц1ык1у, егъэпыуты.

1 стр., 473 слов

«Ныдэлъфыбзэр – лъэпкъым ыпс.» учащихся (8 класс)

… бзэр ным фагъадэу. Ащ хэплъхьани, хэпхыни щы1эп. Зэы зыщыбгъэгъупшэ мыхъущтыр: убзэ плъытэрэп ны1а — ц1ыфк1э зыплъытэжьырэп. Адыгэ лъэпкъым … ахэтых. Ащк1э мысэхэр янэ-ятэхэр арых. Убзэ пш1ок1одыным нахь насыпынчъагъэ щы1эп. Бзэр щымы1эмэ-лъэпкъыр щы1эжьэп. Ащ фэдэ тхьамык1агъо къызэхъул1эгъэ … педагог-демократэу К.Д.Ушинскэм ы1огъагъ: «Ц1ыф лъэпкъыр иныдэлъфыбзэ рэгущы1эфэ нэс ны1эп зэрэщы1эрэр.» …

Непэрэ мафэм адыгэ шъуашэр кавказ лъэпкъхэм шъуашэу къаштагъ, Кавказым щымыщхэми зырагъэдэхагъ. Адыгэ цыем хъулъфыгъэр егъэдахэ, саеми бзылъфыгъэр нахь лъэгъупхъэ еш1ы. Джэгухэр пштэмэ, тэ адыгэхэм нахь къэшъо зэфэшъхьафыбэ, нахь дахэ зи1э сэ сиш1ош1ык1э щы1эп. Ау гухэк1ыр тиджэгухэм абхъаз, осетин къашъохэр нахьыбэу къебэк1ы зэрэхъугъэр.

Ижъырэ зэманым тянэжъ-тятэжъхэм ахэлъыгъэ шэн дахэу тызэрыгушхон, ш1ук1э тыгу къэдгъэк1ыжьын икъун ти1агъ, т1эк1эзыгъэри бэ дэд. Ау нахьыжъмэ яш1уш1агъэ, лъэпкъым ишэн дахэхэр икъоу къэтымыухъумэзэ к1эн лъап1эхэр ч1этэнэх. Тэ тымыгъэлъап1эрэр хэт тфиугъоижьын. Ет1ани ч1энагъэу тш1ырэмэ такъыфызэмыплъэк1ыжьыхэуи къыхэк1ы. Ук1эгъожьыгъэу къэбгъэзэжьыгъэми ахэр къэгъотыжьыгъош1у хъущтэп.

Арышъ, къас1омэ сш1оигъор шэн-хэбзэ зэхэтык1э дахэхэу лъэхъэнэ чыжьэмэ къарахызэ, лъэпкъым зы1эк1имгъэзэу къыднигъэсыжьыгъэхэр псы къиугъэ ш1оркъэу блэчъырэм т1эк1илъэсык1ыным ищынагъо тыхэт. Хэтк1и нафэ ч1эптэкъурэр угъоижьыгъуай.

Зык1и зыщыбгъэгъупшэ хъущтэп тыкъызтек1ыгъэхэр зэрагъэлъап1эщтыгъэхэр, зэхэлъхьэгъэ къэбарэу зэрэщымытыр. Ц1ыф зэхэтык1э дахэ зэря1агъэм, зыпкъ ит шэн-хабзэхэр, адыгагъэр, адыгэ нэмысыр зэрахэлъыгъэхэм апае ахэр агъэлъап1эщтыгъэх.

Адыгагъэ улэжьыныр къин, ау дахэ, ц1ыфыр лъэшэу егъэины, егъэлъап1э. Щы1ак1эр гохьы, хъопсагъо еш1ы.

Нарт хъыбархэр

Сосрыкъуэ и пшыналъэм и къедзыгъуитI

ХьэтIохъущокъуэ Къазий итхыжауэ

Армэ лIы фIыцIэ гъущIынэ,

Нарт шухэр щышэсым,

Жэщибл-махуибл уаеми нызэрищIэкIщ,

Уэ езыхэри нызэупщIыжщ:

Уэ, Имыс, мафIэ уиIэ?

Уэ, Сосым, мафIэ уиIэ?

Жьынду ЖьакIэ, мафIэ уиIэ?

Арэкъшэу, мафIэ уиIэ?

Уэзырмэдж, мафIэ уиIэ?

Ашэм и къуэ Ашэмэз, мафIэ уиIэ?

Хъымыщ и къуэ Батырэз, мафIэ уиIэ?

Сыбылши, мафIэ уиIэ?

Албэч и къуэ Тотырэш, мафIэ уиIэ?

МафIэ зиIэ къахэкIакъым;

Анэм и къуитIри тхьэусыхащ:

Ар жаIэурэ здэщытым,

«Мыри ди дыщэ лъэужьщ,

МафIэ щхьа дызэтолIэ».

«Айхьай, сэ сиIэ»,-жиIэри,

МафIэ инуэ къахуищIащ;

Дзэ псори щызэдэкIуэм,

Мыдэ ди дыщэ лIэужь,

МафIэ уиIэм, къытхуэщI»,-жаIэри,

Мыр етIани къеулъэIу;

«Уащхъуэ къан, симыIэ,

И Тхъуэжьейм зридзри,

ХьэрэмэIуащхьэ докIуейри зеплъыхь:

Зы чэщанэ къуагуэжьым

Iугъуэ тIэкIу кърихууэ

Лъэс зищIри къекIуасэщ;

И щхьэмрэ и лъэмрэ зэгъэкъуащ,

МафIэр и кум илъыжщ;

Ар и шым къеупщIыжщ:

«Мырмэ си Тхъуэжьей ажэ,

И щхьэ-илъэ зэгъэкъуащ,

МафIэр и кум илъыжщ,

МафIэр сыткIи фIэтхын, жи».

Армэ, лIы фIыцIэ гъущIынэ,

Сэ си шы лъэ макъым

Хьэ лъэ макъ зезгъэщIынщ;

2 стр., 573 слов

По адыгейскому языку «Адыгэ Республикэр Урысыем щыщ»

… Тыжьынрэ, дышъэрэ къябэк1эу, пчанэр ищыгъэу зыплъэгъурэм ахэр зыфадыгъэ лъэпкъым ишъауи ипшъашъи ядэхагъэ унэгу къык1эуцо. Тишъуашэхэмрэ ти1ашэхэмрэ … я1эу, зык1ыныгъэ ахэлъэу, ашъхьэ уасэ фаш1ыжьэу мэпсэух Сыадыг зы1орэр адыга зэк1э? Адыгэм къушъхъэхэр ыгу илъ, … нахь дахэ горэ ахэолъагъо. Урысыем хэку ц1ык1у бэу зэтефыгъ, ахэмэ мэханэшхо я1, яш1уагъэ зэфэшьхьафи къэралыгъом къырагъэк1ы. Тэ ти Адыгэ …

Сэ си хьэ лъэ макъым

Джэду лъэ макъ зезгъэщIынщI;

  • Зы пхъэ дзакIи къэддыгъунщ».

Мыр чэщанэм къекIуалIэри,

Зы пхъэдзакIи къадыгъущ;

Зы пхъэдзакIи къакIэрыхущ,

Иным и куафэ трихьащ,

Уэ Инри къызэщыури,

И пхъэдзакIэхэр къибжыжри,

Зы пхъэдзакIи къыхуэтщ.

«Си адэм кърахьэкIащэрэ,

Къеубыдыж жэщибл-махуибл жар.

Сосрыкъуэ здэщыIэ къызжумыIэм».

И хъыбари зэхэсхащ,

И джэгукIэ сыгъащIэ».

«Айхьай, и джэгукIэ уэзгъэщIэн»,-

ЖиIэри, уэ Инри къришажьэщ,-

Къапщыкъай лъапэ къагъэувырти,

Нэхъ хуабжьыхэуэ дрихуеижырт».

«Сэри агуэ сэгъэщI»,- жи.

Нэхъ хуабжьыхэуэ дрихуеижщ,

Пхэ хьэмбытIи къригъауэщ;

Уэ Иныр къызэщыужри:

«Мыри джэгукIэ щIагъуэщ,

Нэхъ щIагъуэ пщIэми сыгъащIэ,

НатIэпэ ихъу-ибжь иреху»,- жи.

Сосрыкъуэ Тхьэм иукIщ,

Иным и укIыкIэ хуэмыщIэ.

«Нэхъ щIагъуи уэзгъэщIэнщ»,- жиIэри

Уэ Инри къришажьэщ,-

Шэ хужьуэ шэ щэщIхэр

Жьэдэз хъуху жьэдадзэрт,

«Сэри агуэ сэгъэщI»,- жиIэри

Уэ Иныжьыр къэтIысщ;

И жьэ къригъэущIри,

Шэ хужьуэ шэ шэщIхэр

Жьэдэз хъуху жьэдидзэщ.

Мыри джэгукIэ щIагъуэщ,

Iу кIуэцI ихъу-ибжь иреху,

Нэхъ щIагъуэ пщIэми сэгъащIэ».

Сосрыкъуэ Тхьэм иукIщ,

Иным и укIыкIэ хуэмыщIэ.

Вабдзэ, фIэбз къигъэплъырти,

Жьэдадзэрти, и ныбэ щигъэупщIыIурти,

И щIыбкIэ къызжьэдидзыжырт».

Вабдзэ, фIэбз къигъэплъри,

Уэ Иныжьым и жьэм жьэдидзащ;

И ныбэм щигъэупщIыIури,

И щIыбкIэ къызжьэдидзыжщ,

Мыри джэгукIэ щIагъуэщ,

Нэхъ щIагъуи сыгъащIэ».

Сосрыкъуи Тхьэм иукIщ,

Иным и укIыкIэ хуэмыщIэ.

Зы джэгукIи къэнащ.

Хы къуэпсибл зэпрашырти,

А нэхъ куум хагъэувэрт,

И лъэр щIым нэмысуэ,

И жьэм псы жьэдэмыуэуэ

Уэ Иныжьри хигъащтхьэщ.

Уэ Иныжьыр къыздеIэм,

И мылхэр къигъачэщ,

Нэхъ быдэуэ хигъэщтхьащ.

Уэ Иныжьым: «СеIэ щхьа,

Мыр и джатэ кърипхъуэтри,

«Ыф»,- жиIэри, къыщепщэм,

Уэ и джатэ кърихри,

Щхьэ фIихынуэ щыхуекIуэм:

«Сэри сымы-Иныжь делэтэм,

Уи лъэкIампIэкIэ усцIыхупхъэт».

Иным и щхьэ къыфIихри,

МафIэри къихьри къэкIуэжщ.

Хэт щIыIэм игъэлIащ,

Хэт хуабэм игъэлIащ,

Яку дэлъуэ къэна тIэкIу

МафIэр инуэ яхуищIщ,

ИтIанэ хъунщIэри куэдуэ къаригъэщIри,

Уэ я дежи къишэжащ Сосрыкъуэ.

Сосрыкъуэрэ Иныжьымрэ

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

Армэ Сосрыкъуапцlэ,

Армэ лlы фlыцlэ гъущlынэ,

Мыдэ емынэ шу!

Нарт шуудзэр щышэсым

Сосрыкъуэ емыджэ.

Уае бзаджэ къатохъуэри

Гъуэгущхьиблым къытонэ.

  • Уий, Имыс, мафlэ уиlэ?
  • Уий, Сосым, мафlэ уиlэ?
  • Жьынду Жьакlэ, мафlэ уиlэ?
  • Арыкъшу, мафlэ уиlэ?
  • Уэзырмэс, мафlэ уиlэ?
  • Ашэм и къуэ Ашэмэз,

Мафlэ уиlэ?

  • Хъымыщ и къуэ Батэрэз,

Мафlэ уиlэ?

  • Албэч и къуэ Тотрэш,

Мафlэ уиlэ?

…МафIэ зиIэ нарт шухэм,

8 стр., 3837 слов

Характеристика и образ дуни в повести станционный смотритель пушкина

… народе, сын глядит в дом, а дочь глядит вон. Характеристика Дуни из повести «Станционный смотритель» Дуня была единственной дочерью станционного смотрителя Самсона Вырина. Рассказчик описывает, что девушка была очень красивой. Прощаясь … она так и не смогла попросить у него прощения. Поступок и судьба Дуни («Станционный смотритель») В этой связи я хочу напомнить мудрые, но до сих пор не …

Уий жыIэт, къахэкIкъым.

Абы хэту Сосрыкъуэ

Нарт шу гупым хошасэ.

  • Армэ ди дыщэ лIэужь,

МафIэ щхьэ дызэтолIэ!

Нартхэ мафIэ къахуещI,

Жьыбгъэм мафIэр хепхъэж.

МафIэ щхьэкIэ догъалIэ!

Хьэрэмэ Iуащхьэ дэжеймэ,

Зы чэщанэ къелъагъу:

Iугъуэ мащIэ къреху.

  • Армэ ди Тхъуэжьеижь,

Мыр иныжьым и унэщ,

И щхьэ – и лъэ зэтащ,

МафIэр и кум илъыжщ,

МафIэр сыткIэ фIэтхьын?

Армэ лIы фIыцIэ гъущIынэ,

Хьэ лъэ макъ зысщIынкъэ,

Джэду хуэдэ секIуэнкъэ:

Зы пхъэдзакIэ къэпхъуатэ!

Зы пхъэдзакIэ къипхъуатэщ,

Зы теуэгъуэ къикIуауэ

МафIэ дэпи пылъэтщ,

МафIэ дэпыр иныжьым

И пхъэдзакIэр ибжыжмэ,

Зы пхъэдзакIэ къыхуэтщ.

  • Си адэм ураухьэкIи!

Хэт и бзаджэ си дыгъу?

Зы шу цIыкIуи Iэрыхьэщ.

  • УитI, нартхэ я щауэ,

И хэщIапIи сымыщIэ!

И джэгукIэу зы сощIэ

Iуащхьэ лъапэм тоувэ,

Бгыщхьэм итщи, нартыжьхэм

Мывэр бгыщхьэм дехуж.

  • Хъункъэ ари джэгукIэ!

Къегъэжэхыт зы мывэ!

…Бгыщхьэм йохьэ Сосрыкъуэ,

Мывэр бгыщхьэм дехужри

Иныжь ябгэр мэгубжь:

  • Мыр джэгукIэ щIагъуэщ,

Нэхъ щIагъуэжи къызжеIэ!

…Сосрыкъуэ тхьэр къеуэщ:

И укIыкIэр хуэмыщIэ!

  • Ари джэгукIэ щIагъуэщ,

Нэхъ щIагъуэжи къызжеIэ.

…Сосрыкъуэ тхьэр къеуэщ:

И укIыкIэр хуэмыщIэ!

Вабдзэ плъари жьэдедзэ,

И лъатэм щегъэупщIыIури

  • Гъэплъи, къэдзыт зы вабдзэ –

…Вабдзэ плъар жьэдедзэ:

И кIуэцIым щызэрегъажэри

  • Ари джэгукIэ щIагъуэщ,

Нэхъ щIагъуэжи къызжеIэ!

…Сосрыкъуэ тхьэр къеуэщ:

И укIыкIэр хуэмыщIэ!

И джэгукIэу мыр сощIэ:

Хы къуэпсиблыр щызэхэуэм

Мылыр дамэкIэ къекъутэри

  • Ари хъуни джэгукIэ! –

Хым хегъащтхьэ иныжьыр.

  • КъеIи, мылыр пхуэкъутэм,

…Мылым къоIэ иныжьыр:

  • Хъуакъым, хъуакъым! – жреIэ. –
  • КъеIэ! – жиIа щхьэкIэ,

Хым иубыдщ иныжьыр!

И щхьэр фIихын щыхуежьэм,

Ай, лъэнкIапIэ Iушэ,

Мыр джэгукIэ хъуакъым!

  • Куэд жыпIэнущ иныжьым! –

МафIэр къихьри нартхэ

Дзэ зыIумысыж уэрэд

Къэбэрдейхэр мы уэрэдым зэреджэр «Дзэ зыIумысыж уэрэдщ», абы къикIыр «уэрэдыжь дыдэ» жыхуиIэщ. Мы уэрэдым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъэхэр тхыдэм зыщIыпIи иткъым. Къардэнгъущ I Зырамыку

Нартыжь уэрэд

Дунеижьри, уой жи, щымыджэмыпцIэмэ,

ЩIылъэ щхъуантIэри, уой дуней, щызэпцIагъащIэмэ.

Уар, ди уафэри, уой дуней, хъыкIэ щаухуэмэ,

А зэманымэ, уой дуней, сыгущэхэлът.

Уар ди щIылъэри, уой дуней, мэлкIэ щаубэмэ,

А зэманымэ, уой дуней, сышкIахъуэ щIалэт.

Индылыжьымэ, уой дуней, щIалэр щебакъуэмэ,

А зэманымэ, уой дуней, сылIыныкъуэфIт сэ.

Бещто Iуащхьэри, уой дуней, къандзэгу щыхуэдэмэ,

А зэманым, уой дуней, сылIы зи IэфIыгъуэт.

Бещто мэзри, уой дуней, щымыч-мыбжэгъумэ,

А зэманымэ, уой дуней, сылIыныкъуэтхъут.

6 стр., 2883 слов

Образ и характеристика Дуни в повести Станционный смотритель Пушкина

… станционный смотритель. Она представлена в образе девушки с милыми щечками, русыми волосами и голубыми глазами. Успевая и тут и там, она занимается и хозяйством и успевает шить себе новые платья, Отличается Дуня … самой смерти, и оставаться с ними рядом в нужную минуту. Сочинение про Дуню Неоднократно в … взаимной любви и счастье, это очаровывало ее. Погодя Дуня вместе с гусаром Минским уезжает тайком …

Къаз и губгъуэ, уой дуней, дыщызэдихьэмэ,

ЩхьэкIуиери, уой дуней, къысхубогъакIуэ.

Уар, ЩхьэкIуиеурэ, уой дуней, къысхуэбгъэкIуамэ,

Уар, а махуэмэ, уой дуней, сигъэтхъупат.

Дунеижьымэ, уой жи, батэр щагъэшри,

Дзэр зезышэри, уой дуней, ди аужь имыкIи.

Си джатэжьурэ, уой дуней, хьэщхьэрыIуэдзэ,

И дзэпкъитIымкIэ, уой дуней, лъыхэр йожэхри.

Псыежэхымэ, уой дуней, сызэпрыплъмэ,

Кхъухь фIыцIэжьхэри, уой дуней, къызэпрахури.

Кхъухь ф I ыц I эжьурэ, уой дуней, къызэпрахумэ,

Дзэ фIыцIэжьхэри, уой дуней, къызэпрешри.

Дзэ фIыцIэжьурэ, уой дуней къызэпришымэ,

Ар дзэщхьищкIэрэ, уой дуней, зынаузэщIри.

Дзэр зезышэурэ, уой дуней, ТIотIрэш ябгэ,

А зэманымэ, уой дуней, ди аужь имыкIи.

ХъымыщыкъуэкIэ, уой дуней, ди Батэрэзри,

А зэманымэ, уой дуней, ди дзэгъэшынэти.

Уар, и пащIэри, уой дуней, хуэжэрумиблти,

Езы гущэмэ, уой дуней, пылыпкъыр хэлът.

Хьэдрыхэмэ, уой дуней, лъыхэр щIаушэ,

ЩIы фIыцIэжьымэ, уой дуней, сыщIозэшыхьри.

ЩIы фIыцIэжьыри, уой дуней, къызэгуэстхъынути,

Дунеижьымэ, уорэдэ, сытехьэжынут сэ.

Албэч и къуэри, уой дуней, си пэбг имыхти,

Мыр и бжыкIымкIэ, уой дуней, сынреIулIри.

ЛIыгъэр зи фIыщIэр

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

ЗекIуэм хэтурэ, Уэзырмэс цIэрыIуэ хъуащ, лIыгъэшыгъэкIэ къыпэхъун ирихьэлIэркъым. Гъуэгу техьэмэ, шу пашэщ: гъуэгум щыгъуазэщи, и гъусэр щигъэгъуащэ къэхъуркъым. Унэм къихьэмэ, и унэр хьэщIэ кIуапIэщ – шыгъупIастэкIэ ущIыхьэнукъым. ЦIэрыIуэ щыхъум, жагъуэгъуи игъуэтащ.

  • И унэ исыращ псори зи фIыщIэр: и унэ исыр мыхъуамэ, апхуэдэ лIыгъэ къыкъуэкIынутэкъым,-жари ирахьэжьащ Уэзырмэс и жагъуэгъухэм.

Уэзырмэс ар щхьэкIуэ щыхъуащ.

И унэм ихьэжри и щхьэгъусэм жриIащ:

  • Си унэ уисыж хъунукъым афIэкIа: дызыбгъэдэкIыжын хуейщ.
  • Сыт къэхъуар? Уигу сыткIэ зэзгъэбгъа?
  • Къэхъуаи щыIэкъым, си гуи нобгъакъым,- жиIащ, Уэзырмэс.

– Си лIыгъэр зыщалъагъур уи дежщ. Уэр мыхъуамэ, схузэфIэкIын щымыIэу жаIэ си жагъуэгъум.

  • Абы щыгъуэм сыт сщIэн? – жиIащ унэгуащэм. – Дызэдэпсэу щымыхъужынукIэ, си дыщым сегъэшэж.
  • Уигу нэхъ пымыкIымрэ уи нэ нэхъ къыфIэнэмрэ уи Iыхьэщ – сызэблэн щыIэкъым: гур зэщIегъащIи, дэш.
  • Хъунщ,-жиIащ унэгуащэм. – Зы закъуэкIэ сынолъэIужынущ: уи ныбжьэгъухэм къеджи, фадэ-пIастэ Iэнэ къахуэзгъащтэ – ягу фIыкIэ сыкъинэнщ.

Уэзырмэс и ныбжьэгъухэр къриджащ, и щхьэгъусэм фадэ-пIастэ Iэнэ къахуищтэри жэщищ-махуищкIэ игъэхьэщIащ.

Жэщищ-махуищкIэ щысауэ, Уэзырмэс и ныбжьэгъухэр унэм икIыжащ, езыр, Iэнэм бгъэдэсурэ улэуати, Iурихри жейм хилъэфащ.

И щхьэгъусэр жейм щыхилъафэм, унэгуащэм гур зэщIригъэщIащУэзырмэс зэрыжейуэ гум ирилъхьэри гъуэгу тришащ.

Гъуэгу здытетым, Уэзырмэс къызэщыужащ.

  • Дэнэ сыпшэрэ, унэм щхьэ сыкъипща? – еупщIащ и щхьэгъусэм.
  • Уигу нэхъ пымыкIымрэ уи нэ нэхъ къыфIэнэмрэ здиш унэм къызжепIа?
  • БжесIащ. ЖысIам сыхущIегъуэжакъым.
  • УхущIемыгъуэжамэ,- жиIащ Уэзырмэс и щхьэгъусэм,- сигу нэхъ пымыкIри си нэм нэхъ къыфIэнэри уэрати, унэм укъисшащ.

Уэзырмэс къызэфIэтIысхьэжри, гущхьэIыгъым еджащ:

8 стр., 3826 слов

Как сложилась дальнейшая жизнь дуни. «Продолжение истории Дуни

… несчастная, а с гордо поднятой головой, как победительница, которая выиграла битву с судьбой. Дуня девушка без приданного и не дворянка, … оскорбления. Только в самом конце повести мы узнаем, что судьба Дуни решилась удачно. Она стала барыней с тремя детьми … уверенно, не робеет. Белкин характеризует Вырину, как маленькую кокетку, видевшую свет. Дуня давно заметила, какое сильное впечатление она …

  • Нэгъэзэж. Мыбы лажьэ иIэкъым. Лажьэ зиIэр сэращ – жагъуэгъум сагъэжэкъуащ.

Игъэзэжри, Уэзырмэс и унэгуащэр и унэ иришэжащ.

Ашэмэзрэ нартхэ я Дыгулыпхъурэ

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

Нартхэ я Дыгулыпхъу псыхьэ ежьауэ зы шу кърихьэлIащ. Шум и гъуэгур зэримыупщIын щхьэкIэ, Дыгулыпхъу къэувыIэри гуэгуэныр иригъэувэхащ. Шур къэсмэ – Ашэ и къуэ Ашэмэзт.

Дыгулыпхъу зэрыIуэрыIуэдзыр ищIэрт Ашэмэз. «Мыбы зыгуэр жезгъэIэнщ»,-жери, Дыгулыпхъу деж къыщысым, Ашэмэз шыр къыжьэдикъуащ.

Дыгулыпхъу къеплъри, Ашэмэз и бзэгупэ япэ къыдэшэсеямкIэ къеупщIащ пщащэм:

  • Нартхэ я Дыгулыпхъу, мыбыкIэ шы блахуу умылъэгъуауэ пIэрэ? Шы солъыхъуэ.

Ашэ и къуэр шы зэрымылъыхъуэр къыгурыIуащ нартхэ я Дыгулыпхъу. «Сигъэпсэлъэн щхьэкIэщ къыщIызэупщIыр»,-жиIащ игукIэ, итIанэ мыр къыжриIащ Ашэ и къуэ Ашэмэз:

Нэхущ вагъуэр къыщыщIэзым

Си бжэ дазэр зэIузри

ТепIэн дазэм сыкъыдэплъщ:

ПцIэгъуэплъыр сокупцIэ дамыгъэу,

Зыхури псыпцIэм хэнауэ,

Уи адэм и шыр ихуащ.

А слъэгъуам укIэлъымыкIуэ,

А слъэгъуам укIэлъымыжэ.

Нартхэ я Дыгулыпхъу апхуэдэ псалъэ къридзын и гугъакъым Ашэмэз.

Сыт жиIэжынт Ашэ и къуэм? Пидзыжын щимыгъуэтым, Дыгулыпхъу еупщIащ:

  • А псор пщIэуэ, дапщэщ укъалъхуа уэ дахэр? – жери.

Нартхэ я Дыгулыпхъу абыи хуэщIати, мыпхуэдэ жэуап къритащ Ашэ и къуэм:

Къаз анэ щыгъуалъхьэу,

ГупкIэ мэш къыщахым –

А лъэхъэнэм сыкъалъхуащ.

  • Iэу! Iэу! – жери Ашэмэз и нэр къихуащ. – Дэнэ укъыщалъхуар? – жиIэу къеупщIа фIэкI, нэгъуэщI игъуэтыжакъым. Нартхэ я Дыгулыпхъу, и Iэр псыхъуэмкIэ ишийри, жиIащ:
  • Мо унэ хужьым – хьэ хужьыбэ зыIулъым – сыкъыщалъхуащ.

Ашэмэз и щхьэр иригъэкIэрэхъуэкIри блэкIащ. Ашэмэз щыблэкIым, нартхэ я Дыгулыпхъу, гуэгуэныр и дамащхьэ тригъэувэжри, псыхъуэм дыхьащ, псыхьэ ежьати.

Зэшищым я шыпхъур

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

Шууищыр къэсащ, псы Iуфэм къыIухьэри, шым шхуэIур жьэдахащ. Шыр псы ирагъэфэху, Бэдынокъуэ шууищым якIэщIэдэIухьащ.

  • Ди шыпхъум и закъуэ къиднащ унэм,-жиIащ зым. Дгъэзэжыху, яхьынкIэ сошынэ.
  • Хьищэрэ бгъищэрэ дэлъщ ди пщIантIэ – хэт хуэхьын? – къыпидзыжащ етIуанэм.

Ещанэм и псалъи зэхихащ:

  • Хэт игу къэкIын? Мэлыфэ яхуомыдзауэ, бгъищэм уазэрыхэзэгъэн щыIэкъым, хьищэми ублагъэкIынукъым, мэлыщхьэ яхуомыдзмэ. ДыщIэшынэн щыIэкъым.

Зэхихам егупсысурэ, Бэдынокъуэ нэху игъэщащ. Шууищым зи гугъу ящIар пщащэ цIэрыIуэт, къыщIэупщIэми иратыртэкъым, яхьынуи зыхузэфэкI къыкъуэкIыртэкъым. Бэдынокъуэ зрихьэлIа шууищыр пщащэм и дэлъхут, мафIэр къаIуролъэлъ жыхуаIэм хуэдэти, зэшищыр унэм исмэ, езыкун щыIэтэкъым, зэшищыр унэм икIмэ, хьищэмрэ бгъищэмрэ уафIэкIынутэкъым. Бэдынокъуэ и пщIыхьэпIэ дэнэ къыщыхэхуэнт пщащэ цIэрыIуэм и дэлъхуищым я тIасхъэ щыгъуазэ хъункIэ: пщащэр яфIихьын мурад ищIащ, Амыщ и хъушэм хыхьэри зы гъэлъэхъу иригъэукIащ, гъэлъэхъум и щхьэмрэ и фэмрэ уанэкъуапэм фIидзэри гъэгу теуващ. Пщащэм и дэлъхухэр зэрежьар илъагъуагъэххэти, пщащэр зыдэс банапцIэ чом ирихулIащ Бэдынокъуэ. Шы лъэ макъ щызэхахым, хьищэмрэ бгъищэмрэ зэрызехьэ хъуащ, жьапщэ хуэдэ къызэрехьэжьэри Бэдынокъуэ къаувыхьащ: хьищэр къыжьэхобанэ, бгъищэр дамэкIэ къонэпкъауэ.

85 стр., 42109 слов

Главная » Алфавитный каталог авторов » Б » Адыгская этика

… в адыгском морально-правовом кодексе адыгэ хабзэ и в адыгской этике — адыгагъэ. Это две составные части традиционной соционормативной культуры адыгов, и каждая из … помощью специальных указаний, варианты адыгского языка (кабардино-черкесского и адыгейского), на которых приводится иллюстративный материал. Вместе с тем как синонимы используются обозначения «адыг» («адыгский») и «черкес» …

Гъэлъэхъум и щхьэр яхуидзри, хьищэр зэхигъэлъэдэжащ: щхьэр зэпаубыдауэ зым адрейм къыжьэдеч, шури къафIэIуэхужкъым, зэрышхыурэ зэрыдэхри хьэ банэ макъыр ужьыхыжащ. Мэлыфэр щахуидзым, япхъуатэри, бгъищэр уэгум ихьэжащ.

Хьищэмрэ бгъищэмрэ щыщхьэщыкIым:

  • Хъуащ иджы! – жери Бэдынокъуэ банапцIэ чор шыбгъэкIэ ирищIыкIащ, пщащэр шыплIэм къыдидзэри чом къыдэкIыжащ.

Сосрыкъуэ и хьэщIэ

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

Бэдынокъуэ и хъыбар щызэхихым, и лIыгъэр здынэсыр игъэунэхун мурад ищIащ Сосрыкъуэ.

  • Си хьэщIэщ къихьэ, си шыгъупIастэ зыIугъахуэ,-жери.

Бэдынокъуэ къэшэсри къежьащ. Къыщежьэм, и шыр игъэIущащ:

  • ХьэщIэщым сисыху, пщIэнур мыращ-моращ,- жери.

Сосрыкъуэ деж нэсри, Бэдынокъуэ и шыр шы фIэдзапIэм къыбгъэдинащ, езыр хьэщIэщым ихьащ.

ХьэщIэщым щихьэм, и джатэр зыкIэрихри бжэм ит щIалэм хуишиящ. ЩIалэр къэIэба щхьэкIэ, джатэр хуэIэтакъым: джатэр тещIэри, игъэтIысащ. Бэдынокъуэ джатэр къищтэжри блыным фIидзащ, блыным щыфIидзэм, джатэр техьэлъэри щыхьыбжьэр къыфIищIыкIащ.

  • Зыми ухуэIэтыркъыми нобэ,-жери Бэдынокъуэ джатэр ибг ирищIэжащ.

ХьэщIэщым зы щIалэ къихьащ:

  • Уи шым дыпэлъэщыркъым,-жери. – Шы фIэдзапIэр къыхичауэ мэджэгури дигъэпщафIэркъым. Сыт тщIэнур? Тхуэубыдыркъым.
  • Си зы шабзэ хэфси, шабзэм ефпх,-жери Бэдынокъуэ зы шабзэшэ къаритащ.

НэгъуэщI зы щIали кърамыджауэ шабзэшэр яхущIэхакъым. ТIум зэпаубыдри Бэдынокъуэ и шабзэшэр щIахащ, хасэри шыр ирапхащ.

Iэнэм пэрытIысхьэжауэ, Сосрыкъуэ хъуэхъубжьэ къыIэщIигъэуващ Бэдынокъуэ:

  • Фадэбжьэ къефи, уи лъэгум дыщIэгъэплъ,-жери.
  • ФадэбжьэкIэ лIыгъэ ягъэунэхуркъым,-жиIащ Бэдынокъуэ,- Си лъэгум фыщIэплъэнумэ, банэ гуибл къевгъашэ.

Банэ гуибл къашэри пщIантIэм къыдакIутащ. Бэдынокъуэ банэ гуиблыр лъэгукIэ зэхигъэщэщащ, епщэжри банэ гуиблым я сабэр жьым иригъэхьащ.

Сосрыкъуэ деж къыщыхьэщIэщ, къыщыфэщ-къыщыуджри, Бэдынокъуэ шэсыжащ.

Сосрыкъуэу си къан

Къэбэрдейхэм зэрыжаIэр

Сосрыкъуэу си къан,

Сосрыкъуэу си нэху,

Афэр зи джанэ куэщI,

Дыгъэр зи пыIэ щыгу,

Абазэхэхэм зэрыжаIэр

ЛIым иIуэфхэр зиащэ,

Арщыкъ темэну къиугъэм

Бжьэдыгъухэм зэрыжаIэр

Нарт щхьахьэ узысэгъакIуэм

КIэмыргуейхэм зэрыжаIэр

Нарт щхьахьэ узысэгъакIуэм

ХьэкIувхэм зэрыжаIэр

Сауэсырыкъуэу зи нур,

ПчикIэр зипэIуэ щыгу,

Хьэтыкъуейхэм зэрыжаIэр

Зынэхэр жьэгъуэшэуэ бын,

Зынэхэр гъущIышхуэ мащI,

Шапсыгъхэм зэрыжаIэр

Наты щхьахьэ уздэкIуэм

Сирием зэрыщатхар

ЗынитIур жьэгъуэ щий,

Нарт щхьэхьэ уздэкIуэм

Щэуэ джэгуэгъу уэгъуэт,

Шым и щхьэкIуэрэ къэIуат,

Тыркум зэрыщатхар, Санэхуафэ

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

Фи хъуэхъубжьэр си щIасэщ,

Мыр си щIасэу вжызоIэ:

Махуэ жагъуэ димыIэу,

ФIыгъуэ диIэрэ здэдгуэшу,

Ди шагъдийхэр здидгъэлъу,

Вагъуэм пэбжыр ди Iэщу,

ЛIыхъу цIэрыIуэр ди щауэу,

Щыуэныгъэр ди мащIэу,

ПщIэ зыхуэтщIыр нэхъыжьу,

12 стр., 5584 слов

Пир нартов картина описание. Нартский эпос как альтернативный …

… его принадлежит мне! И он немедля зарезал вола и устроил пир для нартов. Мальчика назвали Айсаной. После пира Сафа взял его к себе в небесное жилище ». Стал … – меч, стрелы и т.п. Все эти артефакты вручаются именитым нартам, героям и переходят, как правило по наследству. Как Сослан закалил себя «Батрадз и Тхыфырт Мукара» Как …

Ди жагъуэгъухэр тфIэлIыкIыу,

ТлъэкIыр тщIэжрэ дытхъэжу,

Ди тхъэжыгъуэр гъунэншэу,

Ди гуэныр гъавэм къикъутэу,

Дзажэ дакъэр я Iусу,

Ди щIалэхэр зекIуэ ежьамэ,

Дыщэплъыр я пащIэу,

Ди унэ уардэ унэжьрэ

Пхъэм и махуэр ди бжаблэу,

Бланафэр ди бгъэну –

Гъэ мин гъащIэ Тхьэм къыдит!

Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

Сосрыкъуэ и щытхъум имыгъаплъэ щыхъум, нартхэ Сосрыкъуэ яукIын мурад ящIащ. Куэдрэ еща, мащIэрэ еща – Сосрыкъуэ и тIасхъапIи Тхъуэжьейм и тIасхъапIи къахуэхутакъым. И т1асхъапIэ къамыхутэмэ, пэлъэщынутэкъым. Уэрсэрыжь деж кIуащ нартхэр:

  • Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр къытхуэхутэ,- жари.
  • ДжатэкIи шабзэкIи Сосрыкъуэ фыпэлъэщынукъым,- къажриIэжащ Уэрсэрыжь. – ФылъежьэкIэ Тхъуэжьейми фыщIыхьэнукъым.
  • Жэщибл-махуиблкIэ фыкъыспэплъэ, сэ зыгуэр фхузэIусщэнщ,- жери нартхэр къыдигъэкIыжащ Уэрсэрыжь.

Нартхэр къыдигъэкIыжри Уэрсэрыжь аргъуейм еджащ. Аргъуейр къэсри Уэрсэрыжь и пащхьэ къитIысхьащ.

  • Зэхэпха нартхэ жаIар? – еупщIащ Уэрсэрыжь аргъуейм.
  • Зэхэсхащ,- жиIащ аргъуейм.
  • Зэхэпхамэ, ежьи, Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ къэгъуэт, я тIасхъапIэ умыхутауэ къомыгъэзэж.

Аргъуейр Уэрсэрыжь и пщIантIэ дэлъэтыкIащ, махуищ дэкIри и псэ пыт къудейуэ къигъэзэжащ.

  • Къэпхута Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэ?
  • Къэсхутащ,- жиIащ аргъуейм.

– Тхъуэжьейм и шыкIэ налъэ къыстехуэри си зы дамэр икъутащ. Си зы дамэ щикъутэм, жьым сыкъэшэсри армыгъуейуэщ сыкъызэрыкIуэжар.

  • Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр сыт?
  • Сосрыкъуэ и тIасхъапIэр и куэпкъыщхьэрщ, Тхъуэжьей и тIасхъапIэр и лъэгурщ,- жиIащ аргъуейм.
  • Жеяуэ сащрихьэлIэм, я щхьэм щызублэри си дыдыр хэсIуурэ я щIыфэр къэсхутащ.

Сосрыкъуэ къыщыскIар си пэ дыдыр и куэпкъыщхьэм хэсхуа нэужьщ. Тхъуэжьейр щетхэуар и лъэгум сынэса нэужьщ.

ПIалъэр къыщысым, нартхэр Уэрсэрыжь деж ихьащ:

  • Сыт къыджепIэн? – жари.
  • ВжесIэн щыIэщ, фхузэфIэкIынумэ,- къажриIащ Уэрсэрыжь.
  • КъыджепIэмэ, тхузэфIэкIынум деплъынщ,- жаIащ нартхэм.

— Псыжь адрыщI шурылъэс фыщыджэгу. Шурылъэс къывдэджэгумэ, фызэщиудынурэ Сосрыкъуэ къыфхэкIыжынущ. АпщIондэху Псыжь гъуаплъэ лъэмыж тефлъхьэ, лъэмыжым мафIэ щIэфщIыхьи, вгъэплъ. Сосрыкъуэ къыфхэкIыжрэ лъэмыж гъэплъам къытехьэмэ, Тхъуэжьейм и лъэгур цIынэщи, щIижьыкIынущ. ИтIанэ и ужь фыкъихьэ: езым и куэпкъыщхьэри цIынэщи, Тхъуэжьейр имыIэжмэ, фыпэлъэщынкъэ?

Ар къащыжриIэм, нартхэр Псыжь зэпрыкIащ:

  • Шурылъэс дыджэгунщ,- жари.

Шурылъэс яублэри, Сосрыкъуэ нартхэр зэщхьэщиудащ. Шурылъэсым хэтыху, нартхэм Псыжь гъуаплъэ лъэмыж тралъхьащ, мафIэ щIащIэри лъэмыжыр ягъэплъащ.

Нартхэр зэщхьэщиудри, Сосрыкъуэ къежьэжащ, Псыжь къыхэпкIэри къызэпрыкIыжащ.

Лъэмыжым техьакъым – нартхэ ебзэджэкIащ.

Жагъуэгъум хуэфащэр

Сосрыкъуэ яукIын мурад ящIауэ, и жагъуэгъухэр къещэрт. Къещэ щхьэкIэ зэкъуэхуауэ

заIэригъыхьэртэкъым, бэлэрыгъ и хабзэтэкъыми.

ЗекIуэ къикIыжауэ, Сосрыкъуэ нартхэ я Iэхъуэм гъуэгущхьэм щрихьэлIащ.

  • Нартхэ я хъыбар къызжеIэ,- жери Сосрыкъуэ Iэхъуэм еджащ.
  • Нартхэ я хъыбар сэ дэнэ щысщIэн: махуэм сыIэхъуэщ, жэщым сыхьэдэ хъурейщ,- къыжриIащ Iэхъуэм.
  • Нартхэ я хъыбар умыщIэнумэ, гъуэгущхьэм щхьэ утет? – жери Сосрыкъуэ Iэхъуэм хуэгубжьащ.

Алыджхэ я унэм нартхэр зэрыщызэхэсыр игу къэкIыжри, Iэхъуэм жиIащ:

14 стр., 6788 слов

О композиции литературного произведения

… от писателя высокого художественного искусства и мастерства. О композиции литературного произведения [Электронный ресурс]//URL: https://litfac.ru/kursovaya/kompozitsiya-teksta/ Композиционная завершённость … целостности». Истинный писатель, благодаря своему художественному мастерству, умению выстраивать композицию, может обратить в произведение искусства «кусочек» действительности. Композиционные …

  • Нартхэ я хасэщ, жэщибл-махуибл хъуауэ Алыджхэ щызэхэсщ.
  • Сыт къаухэсыр? – еупщIащ Сосрыкъуэ Iэхъуэм.
  • Къаухэсыр хэт ищIэн,- жиIащ Iэхъуэм. – Сахыхьакъым – сахэкIакъым.
  • КIуэ,- жиIащ Сосрыкъуэ,- нартхэ яхыхьи, къаухэсыр къысхуэщIэ.

Iэхъуэр нартхэ яхыхьащ, къаухэсыр зригъащIэри Сосрыкъуэ къыхуихьащ:

Алыджхэ я унэм исым я гуахъуэ зырыз ищIри, Сосрыкъуэ Iэхъуэм жриIащ.

  • Гуахъуэр хьыи, Алыджхэ я бжэкъуагъым къуэгъэувэ.

Гуахъуэр ихьри Алыджхэ я бжэкъуагъым къуигъэуващ Iэхъуэм.

Iэхъуэм Алыджхэ тригъэзащ, хасэм яхыхьэри яхидзащ:

  • Iэдэмрэ уадэмрэ япэ къежьар зыщIэ щыIэ? – жери.
  • Iэдэращ,- жиIащ зым. – IэдэкIэ умыубыдмэ, уадэ пхуэщIрэ?
  • Уадэращ япэ къежьар,- жиIащ нэгъуэщI зым. – Уадэ уимыIэмэ, Iэдэ пхуэщIрэ?

Нартхэр зэдауэ хъуащ. Зэдауэурэ зэрыгъэплъри бжэкъуагъым къуэт гуахъуэм епхъуащ, гуахъуэр я зырыз хъурти, зэхэлъэдэжри я щхьэр къызэрекъутэхащ.

Iэхъуэр къахэкIыжри Сосрыкъуэ деж къэкIуэжащ:

  • Нартхэ зэрыукIыжащ,- жери.
  • Хуэфащэр къащыщIащ,- жиIащ Сосрыкъуэ. Шэсри, и гъуэгу техьэжащ.

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

ЗекIуэ ежьауэ, Сосрыкъуэ Афэбг лъапэ деж шхужь къупщхьэ щрихьэлIащ. Зэрышууэ икIащ Сосрыкъуэ шхужь гъуанэм. Ар игъэщIагъуэри, тхьэ елъэIуащ:

  • Мыр зи къупщхьэр къэхъужауэ сыгъэлъагъу,- жери.

Зи къупщхьэр пасэрейт. Пасэрейр къэхъужри къызэфIэтIысхьащ.

  • Усыт лъэпкъ, дэнэ ущыщ? – еупщIащ Сосрыкъуэ къэхъужам.
  • Сыпасэрей лъэпкъщ, мыбдеж дисащ… Мы мывэжьищыр плъагъурэ?

Бгы лъапэм мывэжьищ телът.

  • Солъагъу,- жиIащ Сосрыкъуэ.
  • А мывэжьищыр зэхэддзурэ дриджэгу ди хабзащ,- жиIащ пасэрейм.

Сосрыкъуэ къуэм зэпрыкIащ.

  • Сыпсэущ!- жиIащ Сосрыкъуэ.
  • НокIуэ етIуанэри! – етIуанэри идзри, Сосрыкъуэ егуоуащ. – Упсэу иджыри?
  • Ещанэри нокIуэ! – ещанэри идзащ. – Упсэу?
  • Сыпсэущ! – жэуап къитыжащ Сосрыкъуэ.
  • Упсэумэ, къуэм къызэпрыкIыж.

Сосрыкъуэ къуэм къызэпрыкIыжащ.

  • Мывищ нэздзащ – дауэ укъела? – игъэщIэгъуащ пасэрейм.
  • СыIулъэтри сыкъелащ,- жиIащ Сосрыкъуэ.
  • «Iулъэт» жыхуаIэр сыт? – къеупщIащ пасэрейр.
  • Къадзыр зытомыгъахуэмэ, аращ «Iулъэт» жыхуаIэр.
  • Дэ ар тщIакъым. Къадз илъэпкъыр къыттехуэурэ, аращ дызыухар…

Ар жери, паcэрейм и нэпс къыщIэкIащ, щIым хэтIысхьэжри и псэр хэкIыжащ.

Сосрыкъуэ мэзым щIэкIрэ пэт шхужь гъуанэ ирихьэлIащ. Зэрышууэ икIащ шхужь гъуанэм. ИгъэщIагъуэри, шхужь гъуанэм къыбгъэдэувыIащ.

  • Мыр зи шхужьыр къэхъужауэ слъэгъуащэрэт,- жери тхьэ елъэIуащ Сосрыкъуэ. – И нэ имысыжу кърехъуж.

Сосрыкъуэ и тхьэлъэIу къыдэхъурти, шхужьыр зейр къызэфIэувэжащ. КъызэфэIувэжа щхьэкIэ, щIым хуэшэчакъым, апхуэдизкIэ пIащэти: и лъэгуажьэм нэс щIым хэтIысхьащ.

  • Мы дунейр сыту кIыфI,- жиIащ лIы домбейм. – Уэри уи нэ къэт?
  • Хьэуэ, къэткъым,- жиIащ Сосрыкъуэ.
  • Ди ужь къихъуэнур зэрыукIыжынущ къыджаIэгъащ ди адэжьхэм. ФызэрыукIыжрэ? – къеупщIащ лIыр.
  • ДызэроукIыж,- жэуап иритащ Сосрыкъуэ.
  • ЛIы фIыцIэ гъущIынэ къытехьэнущ дунейм жаIэгъащ. Къытехьа?
  • Мыбдежым зы псей абрагъуэ итащ. Итыж? – къеупщIащ лIыр.

ЛIы домбейр зэIэбэкIри псейр къиухуащ, и бгым нэс къыпищIыкIри Сосрыкъуэ къриутIыпщащ.

  • Укъела? – къеупщIащ лIыр.
  • Сыкъелащ. СыIулъэтри сыкъелащ,- жиIащ Сосрыкъуэ.
  • Iулъэт жыхуаIэр сыт?
  • Къадзыр зытомыгъахуэмэ, аращ Iулъэт жыхуаIэр.
  • Ар дэ тщIакъым.

Къадзыр къыттехуэурэ, абы диухуащ… Узэры-Сосрыкъуэр си фIэщ хъуащ. Тхьэ уелъэIури сыкъэбгъэхъужащ. Уи тхьэлъэIу къыбдохъу. Тхьэ елъэIуи, сыгъэлIэж: сэ мы дунеягъэм сишх щыIэжкъым.

  • Ари пхуэсщIэфынущ,- жиIащ Сосрыкъуэ. – Нартхэ сахыхьэжмэ, хэт срихьэлIауэ яжесIэн?
  • Дэ фыкъытщIэмыупщIэ: хьэдрыхэ зэхудипIалъэщ.

Сосрыкъуэ тхьэ елъэIури, лIым и псэр хэкIыжащ.

Ахумыдэрэ Ашэмэзрэ

Зытхыжар ХьэдэгъэлI Аскэрщ

Ар нартхэ я тхьэIухудщ,

Щауэу къылъыхъури зымыдэщ,

Дыхьэрэныр зи нэкIущ,

Езыр уардэ зэкIужщ,

Езыр пщащэ Iэхулъэхущ.

Хуэмыху лъэпкъ зымыдэщ.

Щауэ Iэджи хузэблокI,

Псэлъыхъу Iэджи икIэ къещI.

  • ЩIалэу щыIэм сращхьэщ,

ХьэщIэу кIуэми сащыщкъым,

Нэмыплъ лей къысхуремыщI,

Спкъырыт лъагъуныгъуэм сригъуэгурыкIуэщ,-

ЖеIэри, Ашэмэзыр абы хуокIуэ.

КъакIуэми и шыфэ-лIыфэр

КъыхуэкIуам щIалэ кIэлъегъакIуэ.

  • КъэкIуар щIалэ есщ,

КъэкIуар щIалэ псыгъуэщ,

КъэкIуар Ашэмэзу езым наIуэу къыщищIэм,

ЩIалэм лъэкIынури егъэунэху:

Ахумыдэм жьапщэ дыдж зыкъещI,

ЩIы къэкIыгъэр есыж,

Псы ежэхыр йогъукI,

Ашэмэзу лIы пхъашэм,

Ашэ и къуэу бжьэмияпщэм

И бжьамийр къызэкъуех,

Гум хыхьэ пшыналъэр зэфIещIэ.

ЩIыр арыххэу мэщхъуантIэ,

Жыгхэр къотIэпI, мэгъагъэ,

Удз гъэгъахэр щхъуэкIэплъыкIэщ,

Ар щилъагъум Ахумыдэм

ЩIалэ гуэрыр хуегъакIуэ,

Бацэ IэкIуэ хуегъэхь,

Пхъэ гъуа кIапи ирет.

Ашэмэзым ар къыIех,

Хэплъэу тэлайкIэ ар щысщ,

Пщащэм жэуап кърет:

  • Дзасэм куцI паIуркъым,

Сэ Iэщ зыпIми сащыщкъым.

Ауэ щIэкIи, плъэ ныджэм,

Жыг ухуейми, дэтщ пщIантIэм.

ПщIантIэм къыдокI Ахумыдэ,

Ныджэм плъэмэ – уфащ;

Ар елъагъури Ахумыдэр

Жыгыр дэзу елъагъу,

ИмыгъэщIагъуэу ар йоплъ,

Зэплъым дыщэщ япытыр.

Тэхъуанэм Ахумыдэр щIохьэж,

Шхыныгъуэ Iэни еухуэ.

Iэнэм хуэфIу телът мэжаджэ,

А мэжаджэр ху мэжаджэплът,

Фалъэм итыр шэ хьэнтхъупст,

Хьэнтхъупсым дагъэр нэрынэу тетт,

Ахэр Ашэмэз хурагъэхь,

Щхьэтемыхыуи мыхэр жреIэ:

  • Мазэр изщи мэзагъуэщ,

Вагъуэр изщи пшэ телъщ,

Ашэмэзым къудамэ гъуар

Игъуэу щIопщыкъу ищIат,

ЩIопщри абы екIуат,

Iэнэ шхыныр зытетыр

ЩIалэм абы хущIехьэ,

  • Мазэр изщи мазагъуэщ,

Вагъуэр изщи пшэ телъщ,

Ашэмэзым ар къещтэ,

И жэуапуи кIэлъещтэ:

  • Мы щIопщыкъур зым хуэныкъуэщ,

СхурищIэну гуащэм жеIэ.

Нобэ жэщыр жэщ мазэхэщ,

Ауэ мазэр сэ сымылъагъуми

Мазэр изти мазагъуэт,

Вагъуэр хэзти пшэ телът.

Мазэм и щIэлъэныкъуэр гуагъэзщ,

Вагъуэри зырыз хащIыхьщ.

ЩIалэр Ахумыдэ хуокIуэж,

Жэуап къихьари хуеIуэтэж:

  • Мы щIопщыкъур зым хуэныкъуэщ,

Iэпэпс хуипщIэну къолъэIу.

Мазэр изти мазагъуэт,

Вагъуэри хэзти пшэ телът.

Мазэм и щIэлъэныкъуэр гуагъэзщ,

Вагъуэри зырыз хащIыхьщ.

Ар щызэхихым Ахумыдэр

НэбгъузкIэ топлъэ и Iэнэм,

Iэнэм телъыжыр мэжаджэ ныкъуэщ,

Кугъуэу хэлъыжри зырызщ.

И IуэхутхьэбзащIэм жьэхолъэ,

БжэIупэм Iуту мыр жеIэ:

  • Ана-а! Мы уи щIопщыр щIопщкъым,

Уи щIопщыкъур хьэмкIутIейкъым,

Къазу уи шыр пщэ къуаншэкъым,

Уи шыр альпу данафэкъым,

Нарт данэ Iэпэпсыр

Уэ пхуэфащэу сфIэщIыххэркъым.

Ар зэхехри Ашэмэзым

Зыкъегъазэри жэуап къетыр:

  • Уа-у-у! Нартхэ я тхьэIухуд,

Данэр зи Iэпэм пыщэщ,

Си щIопщри щIопщщи,

Си щIопщыкъури хьэмкIутIейщ,

Си пщIэгъуалэр къыупщэщ,

Алъпуи щыIэм я щхьэжщ.

Нарт щIыналъэм срикъуэщ,

Къуалэу уэгуми сыщызокIуэ,

Бланэу щIылъэм къыщызокIухь,

Щауэ псэгъу солъыхъуэ.

Ар Ахумыдэм зэхехри

Псалъэ хъуэрхэр къеутIыпщ:

  • А-а-а! Ар уэращ жыпIа?

АтIэ уи щIопщыр щыщIопщкIэ,

Уи щIопщыкъури щыхьэмкIутIейкIэ,

Уи шыкIэри щыданэкIэ,

Дауэ ущауэу псэгъу лъыхъуэ уежьа?

Уи алъпыр къыупщэщ жыпIа?

Индылыщхьэ еуи схунэс,

Данэ босцейри къысхуих,

Мис итIанэ дызэпсэлъэнщ.

Ахумыдэ и пщIантIэм къыдошэсыкI.

Мэз кIырхэм ар кIуэцIрокI,

Псы икIыгъуи мылъыхъуэу макIуэ,

Индыл и кIуапIэр къехутэ,

Къызыщыхутэр лыгъейм ищтащ.

Зыкъещтэ, зеIэтри ар мафIэм щхьэщокI,

Жьапщэ кIэрахъуэми ар хохуэ.

Шхий хуэдэ жьапщэм жыгхэр зэредзэ,

Къыр хьэдзэ инхэри епхъэх.

Уэшх пIащэ Iувхэр къожэх,

Уэшхыр зэпоури уэс къос,

Уэс уаем и кIэр сабэм зэщIещтэ.

Абы щIыгъуу тафэхэр мэгъущIэ,

Псы уэрхэр дэни щогъущыкI,

Ашэмэзым Тхьэгъэлэдж бжьамийр

Къызэкъуехри и пшыналъэм щIедзэ –

Дунейм зэуэ зыкъеублэрэкI,

ЩIы къэкIыгъэм псоми заужьыж…

Куэд икIуа, мащIэ икIуа,

Ашэмэзыр Индылыщхьэ нос.

Индылыщхьэм зы къурш ин къытетщ,

Зы тэхъуанэ абы тещIыхьат,

Тэхъуанащхьэм бжей ин къытекIат,

Бжейм и щхьэкIэм абгъуэ тещIыхьат.

Абгъуэм иту зы чэщанэ щытщ,

А чэщанэм къан хъыджэбз щопсэу,

Абы и псэуэгъури къан тхьэрыкъуэт,

А тхьэрыкъуэрт зиIэр данэ босцейр.

А тхьэрыкъуэр нэхущ къэсыхункIэ

Абгъуэм къокIри Индыл псыхъуэ къокIуэ.

Ар къыщIэкIуэр абы зыгъэпскIакIуэт,

Мис а кIуапIэм Ашэмэз щоплъакIуэ.

Куэд дэмыкIыу къан тхьэрыкъуэр къох,

Зигъэхуэму псыхъуэм ар йокIуалIэ,

ЕмылIалIэу данэ босцейр зыщех,

Псы ехыпIэм тету псыхъуэм дохьэ.

Иш хьэзырти Ашэмэз зепхъуатэ,

Данэ босцейр къепхъуатэри къожьэж…

Куэд дэкIа, мащIэ кIуа?!

Ашэмэзыр нарт щIыналъэм къос.

ЗэщIэпсыпсэу данэ босцейри къехь,

Ар Ахумыдэ и деж къехьэс.

Ауэ ар Ахумыдэм къыIимых.

  • Хей-хей! – жеIэ,- нартхэ я Ашэмэз,

Гъуэгуанэу пкIуари щIэпкIун щыIакъым,

Къэпхьа босцейми зыкIи сыхуейкъым,

Сэ сызыхуейри уи бэшэчыгъэрщ.

ЛIыгъэм фIыгъуэ зэрептырщ,

ЛIыгъэм пэжыгъэу дэпIыгъырщ.

Лей зымыгъэгъухэм уащыщщ.

Уи нэр вагъуэ мыункIыфIщ,

Уи щхьэр дыгъэ къуэмыхьэщ;

Шым утесым – уIуащхьэщ,

Джатэр къапщтэм – ущыблэщ,

Блэшэу зекIуэр уи шабзэщ;

Уи щыпэ шэсми дзакIуэм урапашэщ,

Дзэуэ зепшэр дыгъужьщ,

МаскIэплъыр къызыпыщэщыр уи Iэщэщ,

Дзэ Iувыр зыущиифри уи джатэщ,

Уи джатэпэм жыр мастэр къепхъуатэ,

Нарт цIыхухэм сыткIи уахощыр,

Iэщэ хэт къищтами пщIэмыхьэ.

Уджамэ щIылъэр бдопсалъэ,

Зи лъэ вакъэ изылъхьэр къыбдожьэ,

Уежьауэ щытми уи япэ зы цIыху къимыхуэ.

Абы хуэдэ щауэщ сэ сызыхуейр!

Ахумыдэм апхуэдэу къыжеIэ,

Iэпэгъууи Ашэмэзыр ещтэ;

Нарт жылагъуэм ахэр щызэпсэгъущ,

ФIыгъуэу ягъуэтари гъунапкъэншэщ.

Мэлэчыпхъу

Зэгуэрым Мэлэчыпхъу и лIыр ныртыжьитI и гъусэу махуэ 15-кIэ къэтыну ежьащ. ЗдэкIуам аргуэру махуэ 15 гуэркIэ щымыIэжу мыхъуу, мазэкIэ къэтын хуей хъуащ.

Нартым и гъуситIыр къиутIыпщыжащ:

— Гуащэм мафIэхъу схуефхыж! МазэкIэ сыкъэтын зэрыхуейри схужефIэж. Нобэ фынэсу пщэдей фыкъэсыжу фыкIуэж- жиIэри. Зыщымыщу бохуцеяпхъитI Мэлэчыпхъу саугъэту къыхуригъэхьри и гъуситIыр къигъэкIуэжащ. БохуцеяпхъитIыр Мэлэчыпхъу къыхуахьри къэкIуэжахэщ. Нэсыжри нартым я пщэ кърилъхьар Мэлэчыпхъум жраIэжащ. ЕтIуанэ махуэм ежьэжын хуейти лIым жраIэжыну мыр яжриIащ:

Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ.

КъуанщIэ фIыцIэжьитIым ягу хыумыгъэщIын» – жыфIи си лIым схужефIэж,-жиIэри.

  • ЩIалитIым абы къикIыр къагурымыIуэу, ягъэщIагъуэу зыщамыгъэгъупщэжын щхьэкIэ жаIэурэ кIуэжахэщ. Нэсыжхэри нартым елъэIуахэщ:
  • Тхьэм щхьэкIэ, дэ зыгуэркIэ дынолъэIунущи къыджыIэ,- жаIащ.
  • ФыкъызэлъэIу, сщIэмэ фызогъэгугъэ вжесIэну,- жиIащ нартым.

Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ,

  • БохуцеяпхъитI фэзгъэхьам зым зы IэфракIэ, адрейм IэфракIитI къыпыфчат? – жиIэри еупщIащ нартыр и гъуситIым.

— АтIэ зым зы IэфракIэ, адрейм IэфракIитI пачащи «тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ» жыхуиIар гуащэмрэ сэрэщ. «КъуанщIэ фIыцIитIым» жыхуиIэр фэ тIуращи, «Дэ тIум ди псэ, уи гъусэ нартыжьитIым я гугъу умыщIын!» – жиIэу аращ гуащэм и псалъэм къикIыр,-жиIащ нартым.

НартыжьитIым ар ягъэщIэгъуащ, абы иужькIи апхуэдэ зэй ящIэжакъым.

Мазэ пIалъэр дэкIри нартми къигъэзэжащ.

Нартыр къэкIуэжа иужькIэ куэд дэмыкIыу хьэщIэ къахуэкIуащ.

ХьэщIэщыр унэм пэжыжьэт.

Мэлычыпхъу хьэщIэм хуэфащэ лы Iыхьэр лэпсым хэлъу, лэпс тепхъэри тепхъэжауэ, шыуаным илъу хьэщIэщым иригъэхьащ, адэкIэ и лIым къыхихыжу дахэ-дахэу Iэнэм трилъхьэну.

Унэджокъуэ лыр къыхихыурэ хьэщIэ Iыхьэ гуэр къэт хъуащ.

Абы Мэлэчыпхъу деж игъэкIуащ:

  • ХьэщIэ Iыхьэр щхьэ къэт хъуа? – жиIэри.
  • Пшэр лъэныкъуэ ирагъэзри

Вагъуэр зэрыз ящIащ,-

жыфIи схужефIэж си лIым,-жиIащ Мэлэчыпхъу.

Апхуэдэу и лIым щыжраIэжым, гуп зэхэсыр еупщIащ:

  • Мыбы къикIыр, Тхьэм щхьэкIэ, къыджыIэ! – жаIэри.
  • Абы къикIыр мыращ: лэпс тепхъэр лъэныкъуэ ирагъэзри лы Iыхьэр хахащ,- къажриIэжащ нартым.

Бадий и псысэ

Еуэрэ-уэрэт, жи: Къэбэрдейм и гъунэ дыдэм зы къуажэ цIыкIу щыст, жеIэ, ИнэмыкъуэкIэ еджэу. Инэмыкъуэм зы щIалэжь цIыкIу дэст, Бадий и цIэу. Пщыхьэщхьэ гуэрым Бадийхэ я унагъуэр кино еплъу здэщысым, адэр къыщIохьэжри, телевизорыр егъэункIыфI. Унагъуэр къыхудоплъей абы.

  • Чынтхэр Абхъазым къатеуащи, цIыхур зэтраукIэ, унэхэр ягъэс, хэкур яхъунщIэ,-жи адэм.- Фэ телевизор фоплъри фыщысщ.

Унагъуэм cыт ялъэкIынт – гузавэщ, гузавэхэри гъуэлъыжащ, ауэ адэм игу ирилъхьащ, Iэщэ къигъуэту, Абхъазым кIуэну: «Дыщысурэ педгъэшхыкIынкъым,-жи игукIэ. – Сыт напэр диIэу ди адэжьхэм даIуплъэжын!»

АрщхьэкIэ ар зэрымыгугъауэ зигъэзащ Iуэхум.

Йоуэри, жэщыбгым деж телефон уэзджынэм къегъэуш, жей IэфIым хэт Бадий. И нэ фIыцIэшхуэхэм щIэIуэтыхьурэ щIалэжь цIыкIур макIуэри трубкэр къытрех:

  • Алло! Инэмыкъуэ мыр? – къоIукI лIы макъ.
  • Ярэби, щIалэфI, Бадий жыхуаIэр къыдолъыхъуэ, умыцIыхуу пIэрэ?
  • Iэлыхьалыхь, сыту ди насыпу укъэдгъуэта! – мэгуфIэ къэпсалъэр.
  • Нэпсалъэр Хасэращ,-жи телефоным.- Къэбэрдей псор уэ дыпщогугъ.
  • Сэри? – егъэщIагъуэ ар щIалэ цIыкIум.
  • Уэ зэхэпхакъэ къэхъуар? Чынтхэр Абхъазым иужьгъащи хьэлэч ящI.

Дэ абы дызэрыпэувын Iэщэ диIэкъым. Уэ укъыддэмыIэпыкъумэ, ди къуэшхэр мэкIуэд.

  • Уарэ мыбы жиIэр! – Iэнкун мэхъу Бадий.- Дауэ? Сэ… сыщIалэ цIыкIущ иджыри…
  • ДощIэ, Бадий, дощIэ,-жи хасэ Тхьэмадэм.- ГеографымкIэ тIу узэриIэри дощIэ…

Бадий цIыплъ мэхъу.

— …ауэ мы ди лъэIур игъэзэщIэфыну хэкум цIыху искъым, уэр фIэкIа. Хьэрамэ Iуащхьэ фи къуажэм пэгъунэгъу дыдэщ, пэжкъэ? АтIэ, лIыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, нарт Сосрыкъуэ здыщIэлъыр а Iуащхьэм и Iэшэлъашэхэращ. Абы и макъыр щIым къыщIэIукIыу уи адэшхуэм зэхихауэ жаIэ. АтIэ Хасэр къызэрынолъэIуращ: уи адэм и щIытI маршынэр Хьэрамэ лъапэ ху, нартыр здыщIэлъ щIыпIэр къэгъуэт, къыщIэтIыкIыж аби, мы къэхъуар жеIэ. АдкIэ ищIэнур езым ищIэжынщ. ЕпIэщIэкI, къуэш!

  • СокIуэ! ИджыпстуупцIэ сокIуэ. – Бадий трубкэр тредзэжри, и гъуэншэджыр ныкъуэлъытIагъэу къыщIож.

Адэм и щIытI маршынэр куэбжэпэм щытт, и хъупышхуэжьыр IэштIым нэхъей, игъэдалъэу. ЩIалэ цIыкIур абы йотIысхьэри, алъпым хуэдэу ирегъэлъ аби, Хьэрамэ лъапэ еху.

Бадий куэдрэ къызэхикIухьащ Iэшэлъашэр, ауэ кхъащхьэ гуэри игъуэтакъым. Щимыгъуэтым, гъуэлъри и тхьэкIумэр щIым трилъхьэщ аби, дэIуащ. КIуатэри, аргуэру дэIуащ. Iэпхъуэри, аргуэру дэIуащ. IукIщ аби, аргуэру дэIуащ. КIуэтэхукIи Бадий нэхъ пIейтей хъурт: щIы щIагъым щэIу макъ къыщIэIукIырт.

Бадий и маршынэр къыбгъэдехуэри, абдежыр къитIу щIедзэ. Мазэм пшэ фIыцIэжьхэр зытрелъэщIыкI аби, дунейр Iурихыу мазэгъуэ нэху мэхъу. Маршынэм и хъупыжьыр нэхъ жыжьэ еIэбыхыхукIэ, щэIу макъри нэхъ ину зэхох. Абы хэту щIыр мэзджыздж, мазэр мэункIыфIри уафэр мэхъуэпскI, щыблэр мауэ аби, мазэр къыщIонэж. Мазэгъуэ нурым игъэпскIыу нарт Сосрыкъуэ щIым къыщIокIыжри къоув.

  • Лъэпщым и нэфIыр зыщыхуауэ нартхэ ди Бадий цIыкIу, дэнэ ущыIэ? – жи Сосрыкъуэм,- Тхьэшхуэм и хьэтыркIэ, зызгъэлъагъу!

Бадий маршынэм къолъэ, нарт Сосрыкъуэ ар къепхъуатэ: дрехьейри мэгъущIэ, кърехьэхри мэщIытэ. Езыми лIы фIыцIэ гъущIынэм и пщэм зридзащи къэгумэщIауэ магъ. Зы зэман зэ тIуми ягухэр мэзэгъэж, итIанэ щIалэ цIыкIур нартыжьым йоупщI:

  • Уа, Сосрыкъуэ, уэ дэнэ сыкъыщыпцIыхурэ сэ? – жи.
  • Ей, си къуэш цIыкIуу Бадий щэджащэ, сэ илъэс минитху хъуауэ узоцIыху,-жи нартым.
  • Уэи, пцIышхуэм, Сосрыкъуэ, сэ илъэс пщыкIутIщ сызэрыхъур,-жи Бадий дэхьэшхыурэ.

— Мы си куэ цIынэхэр Жаншэрхъым пихауэ биижьхэм сыщыщIатIэжым щыгъуэ, сыкъэдзыхэщ аби, Тхьэшхуэм селъэIугъат, мы си псэр пыту сыщIумыгъатIэ жысIэри. Тхьэшхуэр къысхуеплъыхщ аби, «Сосрыкъуэ,-жиIэгъат,- уи псэм иджыри дыхуеижынущи хъумэ. Уи псэр пыту, ауэ псалъэ къыбжьэдэкI мыхъуу илъэс минитхукIэ а щIы фIыцIэжьым ущIэлъа нэужь, Хасэм нагъэкIуэнурэ, нарт Бадий цIыкIу укърагъэутIыпщыжынущ»,-жиIэри. Илъэс минитхукIэ уи цIэр гукIэ схъумащ сэ, Бадий! ЖысIэ мыхъуу схъумащ! Уи псэр пытрэ уи бзэр мыIуу ущыпсэум деж, махуэр илъэс къыпщохъу. Иджы хуит сыхъужащи, жыIэ узыхуейр: бийуэ щыIэм я нэр къистхъынщ, щIым мызахуэу тетыр зэхуэдэ сщIынщ!

  • Илъэс минитхукIэ мы щIы псыIэм ущIэлъамэ, уи Iэпкълъэпкъыр улъиякъэ, ар дагъэ егъэфэн хуейкъэ?
  • Псэр мыулъияуэ Iэпкълъэпкъыр улъийркъым,-жи нартыжьым. – Сэ си псэр фэ фхуэсхъумащ.

Бадий Iэджэм щIэупщIэну хуейт, ауэ зэманыр къаймэщIэкIырти, хъуртэкъым еупщI. ИтIани щIалэ цIыкIум зрелъэфыхь: еупщIынуи нартым ирикуркъым, зригъэщIэнуи щIохъуэпс. Сосрыкъуэ гу лъетэ Бадий зэрыIэнкунми, игъэгушхуэу Iэ къыделъэ:

  • УмыукIытэ, Бадий, зыгуэркIэ укъызэупщIыну ухуеймэ, къызэупщI,-жи Сосрыкъуэ.

Бадий и Iэгур нартым и Iэпщэм ирегъажэ – кърегъажэри, и нэ фIыцIитIымкIэ къыхудоплъей.

  • Сосрыкъуэ, уэ уробот? – жеIэри игъащIэ лъандэрэ зыгъэгумэщI упщIэр кърет, итIанэ плъыжь мэхъури и щхьэр ирегухыж.
  • Хьэуэ, къуэш, сэ мывэм сыкъилъхуами, сыцIыхущ, псэ сIутщ, уеблэмэ си куитIыр лыпцIэрэ къупщхьэу зэфIэтщ.
  • НтIэ ахэр Жаншэрхъым пихатэкъэ?
  • Пихат, ауэ Лъэпщ и IэмыркIэ пыкIэжащ.
  • Къысхуэгъэгъу, Сосрыкъуэ, иджы Хасэм я лъэIур бжезмыIэу хъункъым: Iуэхур пIащIэгъуэщ.
  • ЖыIэ, си щIалэ, сэ сыхьэзырщ.
  • Чынтхэр Абхъазым къатеуащи, я цIыхур зэтраукIэ, я унэхэр ягъэс, я хэкур яхъунщIэ.

Уэ Абхъазым уакъыщымыжмэ, хьэлэч зэтохъуэ.

Сосрыкъуэ зригъэзыхщ, мащэ куум иIэбэри, маисащхъуэ джатэр кърихыжащ:

  • Уэхьэхьей, си щIалэ, сэ Тхьэшхуэм сыкъызыхуигъэщIар аракъэ! Сэ Сэтэней гуащэ сызыхуигъэсари аракъэ! Сэ Лъэпщым сызыхуиузэщIари аракъэ! – жиIэри, щIытI маршынэм и хъупыжь Iэтам джатэмкIэ еуэщ аби, и пщэдыкъым деж къыщыпигъэхуащ.

ИтIанэ джатэр ирелъхьэж, ХьэрэмэIуащхьэ дожри, мы дуней псор къигъэдаIуэу маджэ:

  • Уэхьэхьей, жэр зыщIэмыхьэжу си Тхъуэжьеижь, мы дунеижьым утетыжыххэмэ, къэс! – жеIэри.

Асыхьэтым зы шытхъуэ дахэ уэм хэту къос, и дамитIыр зыгуелъхьэж аби, нарт Сосрыкъуэ и пащхьэм къоувэ:

  • Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ,-жи Тхъуэжьейм.- уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъункIэ!

Бадий Iуащхьэм дожейри шым и жалым щIоувэ, Iэ дилъэу, Тхъуэжьейми ар и гуапэ мэхъури и нэкIур къыщехъуэ.

  • Тхъуэжьей,- жи щIалэ цIыкIум,- уэри илъэс минитхукIэ упсэуа?
  • ЛIыр псэууэ шыр лIэркъым,- жи Тхъуэжьейми. – Сэ Сосрыкъуэ сыпэплъэу мо къуршыщхьэм ситащ.

Сосрыкъуэ йощыгуауэри мэшэс.

  • Айдэ-тIэ, Бадий, фIыкIэ дызэIущIэж! – жи нартым.
  • Сэ-щэ? – къоуIэбжь Бадий.
  • Ей, си щIалэурэ щIалэфI, Хасэм я унафэр нартым я Iуэхуфэщ, уэ географым еджэ!
  • Ар дауэ! – Бадий къызэфIонэ. – Сэ уэ мы щIы фIыцIэжьым укъыщIэзгъэкIыжауэ, уэ ныбжьэгъуу сыкъызомыпэсу!
  • Узахуэщ,- Сосрыкъуэ йоIэбыхри, Бадийр и шыплIэм къыдегъэтIысхьэ, а напIэзыпIэм Тхъуэжьейм зеIэтри уэгум йохьэж.

ЗэныбжьэгъуитIым хы Iуфэр къалъэтыхь, я къуэшхэр дэндеж щытми зрагъэлъагъу, бийр дэнкIэ къикIми зрагъащIэ. Абхъаз хэкур, жэнэтым хуэдэу, щхъуантIэт, псы уэрхэр кIантIэу щежэхыу, я жыгхэм дыгъэ шыр цIыкIухэр пызу, езыри Iуащхьалъэ дахэу… Тхъуэжьейм и дамитIыр зыгуелъхьэж аби, Iуащхьэ хъурей гуэрым тоувэ.

Нарт Сосрыкъуэ и джатэр кърех, егъэкIэрахъуэри Iуащхьэшхуэ гуэрым хуеший:

Арыххэу щIыр мэщэнауэ, къуршыр мэзджыздж, щыблэр мауэ, Iуащхьэшхуэр щхьэщоукIуриикI аби, Абрэскил къыщIокIыж. А дакъикъэм дыгъэр къурш сыджым къытеува къудейти, Абрэскил абы щыIуплъэм, къэгумэщIауэ и IэшхуитIыр еIэт:

  • Я дэ ди Тхьэ,- жи,- илъэс минитхукIэ уэ къыпхуэзэшам уи дахагъэр сыткIэ къыгурыIуэн!

Бадий йоплъ Абрэскили – Абрэскил и нэпситIыр къожэх. Бадий Сосрыкъуэ къыхуоплъэкIыж – Сосрыкъуэ и нэпситIри къыщIолъэлъ.

Тхьэм ещIи, лIитIыр дыгъэм еплъу куэдрэ щытыну къыщIэкIынт, чынт топышэр я кум къыдэхуэу къэмыуэжамэ. Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейр абдеж занщIэу егъалъэри Абрэскил бгъуроувэ, къопсыхри сэлам зэрах.

  • Къэхъуар сыт, нартхэ я Сосрыкъуэу, СосрыкъуапцIэу, лIы фIыцIэ гъущIынэу, емынэ шу? – жи Абрэскил.

Сосрыкъуэ и джатэр ешийри:

  • Модэ плъэт,-жи,- Гумыста[2] лъэныкъуэкIэ: уэ плъэгъуами ящымыщу, сэ слъэгъуами яхуэмыдэу чынтыдзэ къежьащ. Месри, хы гъунэм Iуту жыр благъуэхэр къопщ, мафIэр къаIурылъэлъу;
  • модэкIэ къуэ дыджхэм дэту щыблищэр къэзэдагъауэ. ЦIыхур зэтраукIэ, унэхэр зэтрагъасхьэ, хэкур яхъунщIэ.

[1] Абрэскил – абхъазым я лIыхъужь щэджащэу эпосым хэтщ.

[2] Гумыста – Сухъум блэж псышхуэ.

Абдежым тенджызыр къоукъубей, къуршыжь хуэдизу толъкъунхэр къызэроIэт. Хы фIыцIэм къыхолъэтыж аби, Абрэскил и пащхьэм пщIэгъуалэ къазыр къоувэ:

  • Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ,-жи,- уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъункIэ!

Абрэскил и Арашыжьым [1] IэплIэ хуещI, Iэ делъэри мэшэс:

Арашым ар имыдэу и щхьэр егъэкIэрахъуэ, кIэбдзитIымкIэ тету зретIэр аби, мэщыщ. Хы ФIыцIэм къунан пщIэгъуалэ къыхоцIэфтри, Бадий и пащхьэм къоувэ. ЩIалэ цIыкIур абы хуэмыарэзыуэ и бгъур хуегъазэ.

  • СлIо, Бадий, алъп къунаныр зумыпэсу ара? – Сосрыкъуэ и пащIэкIэм щIогуфIыкI.
  • НтIэ, уэ лIы ухъум сэ шы сыхъунщ жиIэу щхьэ къызжимыIарэ?

ЛIитIри шитIри мэдыхьэшх. Къунаным Бадий зыкъыщехъуэ.

— Абы иджыри нартыбзэ ищIэркъым, Бадий, зыхуумыгъэгусэ,- жи Сосрыкъуэ. – Абы нэхърэ шэси, мо Ерцэхъужь[2] и щыгум къиувэ аби, бийм якIэлъыплъ: жыр благъуэхэр къежьауэ плъагъумэ, уи Iэ сэмэгур Iэт – сэ абыхэм яхуэфI сыхъунщ. Щыблэхэр къыщыуэкIэ, къыздиукI къуэладжэр зэгъэлъагъуи, уи Iэ ижьыр абыкIэ ший – си ныбжьэгъужьым абыхэм ярищIэн къигъуэтынщ.

Сосрыкъуэ жыр благъуэ жыхуиIэр танкхэрат, щыблэ зыфIищар топхэрат – абы игъащIэм танки топи илъэгъуатэкъыми мобыхэм яригъэщхьу къыщIэкIынт.

Арати, Бадий и алъп къунаным зредз аби, Ерцэхъу и щыгум къохутэ. И Iэ сэмэгури еIэт, и Iэ ижьри еший: чынтыдзэр къэхъеяуэ арат.

Абрэскил Арашым йолъэдэкъауэ, Араш зеIэтри абхъазыдзэм яхохьэ.

Абы хэту чынтым я топыр къоуэри, топышэр пэгун хуэдизу къокIуэ, хъуаскIэр къыпылъэлъу. Араш зречри топышэм пожьэ. Абрэскил топышэр къеубыдри къыздэкIа къуэладжэм дедзэж. Топышэр къоуэж аби, къуэладжэм дэтри дэсри зэпкъреуд. Аргуэру зы топыжь къогъуагъуэ, абы и шэми ар дыдэр къыщощI. Арыххэу топ зытхух зэкIэлъхьэужьу къогъуагъуэ. Абрэскил и джатэр кърепхъуэтри, къэсым еуэм, къэсым еуэм, къэсым еуэурэ, топышэхэр зэгуеупщIыкI аби, къэмыуэжхэу кърегъэлъэлъэх… Абхъызыдзэр гушхуауэ чынтыжьхэм йобгъэрыкIуэ.

Сосрыкъуи бгым йокIуэтэхри жыр благъуэжьхэм япэщIоувэ. Япэ ит танкым и пэ кIыхьыжьыр къытрегъапсэри, нартым къоуэр аби, къреуд.

  • Ар сыт уэкIэ, Тхьэр зэуэн, сыбукIти! – жеIэ Сосрыкъуи къыщолъэтыж, танкым и пэ шияр еубыдри, къеIэт аби, егъэкIэрахъуэ, егъэкIэрахъуэри хым хедзэ. – Тхьэр бгъэпцIащ уэ абы укъыхэмыпщыжмэ.

КъыкIэлъыкIуэ танкым йоIэдэкъауэ Сосрыкъуи, бгым щедз, а Iеижьри щхьэпридзауэ йожэхри, и пэ кIыхьыр щIым хэсарэ езыр къыдэгъэзеяуэ мэув.

[1] Араш – Абрэскил и шым и цIэращ.

[2] Ерцэхъу – Абхъазым я нэхъ Iуащхьэшхуэращ.

Ещанэ танкыр IитIкIэ къепхъуатэ, лъагэу еIэт аби, еплIанэ танкым йоуэри, танкитIри, къэнжал банкIым ещхьу, еупIышкIури хыфIедзэж.

Ар зылъэгъуа адрей танкыжьхэм заублэрэкIри, гъуэгыу щIопхъуэж.

Чынтым я пащтыхьыр лIы хьэрэмыжьт, жи, и нэкIур фIыцIэрэ и щхьэцыр хужьу, и пащIэжьитIыр и дамитIымкIэ щхьэдэдзыхарэ щIым телъу илъэфу, щIэпхъуэн хъуамэ, сабэлэрыгъуейр къиIэту. Арати, пащтыхьыр и тахътэм йотIысхьэ, и дыщэ тажыр зыщхьэретIагъэри, инэралыжьхэр иреджэ. Инэралищэ зэуэ щIохьэ пащтыхьым дежи лъэгуажьэмыщхьэ зрагъауэ.

  • СлIожь, хьэ бын, къыфщыщIар? – пащтыхьым и нэщхъыр къахузэхеукIэ, инэралыжьхэри мэкIэкуакуэ. – Мо Iэбжьыue мыхъу абхъазым щхьэ фыкърагъэкIуэтрэ?

Япэ ит инэрал фIыцIэжьыр, нэмэз ищI нэхъей, унэ лъэгум натIэкIэ йоуэ:

  • Мы дунеижьым и тепщэу зи пщыгъуэр имыухыж, къытхуэгъэгъу! – жи. – Дэ дыкъизыгъэкIуэт щыIэщ.
  • Нарт Сосрыкъуэ къэтэджыжащ, къакIуэри Абрэскил хуит къищIыжащи дапэлъэщыркъым: топкIэ доуэри – топышэр къаубыдри къытхадзэж; танкыр ядоутIыпщри – танкыжьхэм лъапэкIэ ироджэгу…

Пащтыхьыр банэ мафIэу къызэщIонэ:

  • ГурыIуэгъуэщ, зиусхьэнышхуэ, ауэ мыдрейм етщIэнур сыт?

Арати, зэрызэгурыIуам хуэдэу ящI.

Санэ фэндырэм щхъухь пэгун хакIутэ, инэрал фIыцIэжьыр я пашэу лIы гупым фэндырэр яхьри Абрэскил хуаший:

  • Уи лIыгъэмрэ уи гуащIэмрэ я щIыхькIэ мы батырыбжьэр ди пащтыхьышхуэм къыпхудигъэхьащ,- жаIэри.

Бзаджагъэ зигу къэмыкI лIыр мэгуфIэ, фэндырэр яIех, и лъащIэр щIеуд, егъэщIейри ткIуэпс къримынэу иреф.

  • Санэ гъуэзэджэт, фи пащтыхьыжьми Тхьэр арэзы къыхухъу! – жеIэри фэндырэр къаретыж.

Чынтхэр зэрыIукIыжу, Абрэскил жейр къытоуэ. Абрэмывэ и щхьэм щIедз аби, мэгъуэлъри занщIэу Iурех. Абы и пырхъ макъыр чынтхэм зэрызэхахыу, тонипщI бомбэжьыр илъу кхъухьлъатэр къаутIыпщ.

Кхъухьлъатэр псом япэ Бадий къелъагъури къыгуроIуэ абы и мурадыр. Iэ ижьыр еIэтри – хъуркъым, Iэ сэмэгур ешийри – хъуркъым. ИтIанэ Бадий и IитIри еIэт. Сосрыкъуэ ар щилъагъукIэ къэмыхъун къызэрыхъуар къыгуроIуэ. Арыххэу и нэ тохуэри – зэрамыщIэжу зы бгъэжь къакIуэу къелъагъу. Нартым бгъэ къыфIэщIар кхъухьлъатэрат. Сосрыкъуэ и шабзэр къызэфIедзэр аби, мауэри Абрэскил и щхьэм щIэдза мывэжьыр щIегъэз. ЛIым и щхьэр къырым зэрытехуэу къоушри къыщолъэт.

  • Умыбэлэрыгъ, си къуэшыжь: Анакъ[1] къэсащи укъеуфэрэзыхь,-жи Сосрыкъуэ. – Умыбэлэрыгъ!

Пэжуи кхъухьлъатэр къэсауэ Абрэскил къиуфэрэзыхьырт, къызэреуэным зыхуигъэхьэзыру.

— ЦIыхул зэрашхыр щызмыгъэгъупщэжмэ Тхьэр си бийкъэ! – жеIэ Абрэскили, мэракIуапцIэм хуэдэ и аркъэныр къыкIэретIэтыкI, егъэкIэрахъуэ-егъэкIэрахъуэри, едз аби, Анакъ и пщэм фIегъэлъадэ, гъуэгрэ зифыщIыжу кърелъэфэх. Зыбгъэдилъафэрэ еплъыпэмэ – кърилъэфэхар бгъэтэкъым, гъущIым къыхэщIыкIауэ шейтIан IэщIагъэт. Абрэскил кхъухьлъатэм иIэбэм, чынтхэр кърихыурэ, абхъаз зауэлIхэм къахуидзащ:

  • И аркъэнри къыпщIэхехыжри, кхъухьлъатэри къарет:

Абхъаз щIалэхэр мэгуфIэри кхъухьлъатэм йотIысхьэ, заIэтыр аби, чынтыдзэм ящхьэщохьэри тонипщI бомбэр ныхадзэ. Бомбэжьыр, щыблэ миным хуэдэу, къоуэри дивизэ псо ирех, я инэралри яхэту.

  • Ахьа, я шэр я щхьэм ихуэжа! – пащIэкIэм щIогуфIыкI Абрэскил.

МыдэкIэ нарт Сосрыкъуэм аргуэру благъуищэр къраутIыпщ. Бадий и Iэ сэмэгур еIэт. Сосрыкъуи жыр благъуэхэм я хьэлыр къищIати, джабэм кIэрохьэри къыр гуэрым къоувэ, благъуэжьхэр къыщыскIэ, абрэмывэкIэ къеуэурэ, щыхупIэм ирегъэлъэлъэх. Къэнам заублэрэкIри щIопхъуэж. Сосрыкъуэ абрэмывэкIэ якIэлъыуэм, яужь къинар иупIэщIурэ ехуж благъуэжьхэр. Чынтхэр зыхуеиххэрати, Сорыкъуэ Iуащхьэмахуэ лъапэм къыщохутэ. Iуащхьэ щыгум зым нэхърэ зыр нэхъ пIащэу лIы гупышхуэ тетти, инэрал фIыцIэр къахогуоукI:

[1] Анакъ – таурыхъхэм хэт бгъэшхуэм и цIэщ.

  • Си пыIэжьыр фпэгъэтIысащ! – жи нартыжьми.

Ерцэхъу къоплъых Бадии, тонипщI бомбэр къелъагъу. Мэгузавэри аргуэру и IитIыр къеIэт. Сосрыкъуэ къыгуроIуэж зэрышыпIэртIэхъуар, арщхьэкIэ нарт и псалъэ епцIыж хъуртэкъыми, уэхьэхьей, жеIэри мэгуо:

  • НокIуэ, Сосрыкъуэ! – жи инэрал фIыцIэм. – Укъигъэгугъэмэ, IэдакъэкIэ къеуэ!

ЛIищэ къызэдоIэр аби, бомбэжьыр къраутIыпщхьэх. Бомбэр бгы лъапэм къызэрысу, нартыр IэдакъэкIэ йоуэри, фийуэ дрехуеиж. Щыгум нэсыжа-нэмысыжауэ, щыблэшэ миным хуэдэу, къоуэр аби, тетахэри зытетахэри ирех. Iуащхьэшхуэр зэрытам деж псынэ цIыкIу къыпхыреудри къыдреутхей. Абы нарт Сосрыкъуэ и Псынэ фIащауэ нобэми къыщIож, ныжэбэми къыщIож, илъэс минитхукIи къыщIэжыну жаIэ. Хъыджэбз цIыкIу кIуэрэ, я нэкIум щакIэмэ, тхьэIухуд хъуауэ IуокIыж; щIалэ цIыкIу кIуэрэ хэфмэ, нарт хъуауэ мэкIуэж; нэгъуэщI лъэпкъ кIуэрэ зыIуигъахуэмэ, абхъазыбзэкIэ псалъэу къегъэзэж… Зыхэвмыгъэн, маржэ!

Инэрал фIыцIэжьыр щисыкIым, чынтхэм инэрал сырыхужь гуэр пашэу ягъэув. Инэрал сырыхужьыр пащтыхьым иреджэри къохъурджауэ:

Пащтыхьыжьыр и тахътэм къокI, лъэгуажьэмыщхьэу щыт инэрал сырыхужьым и жьэпкъыпэр еубыдри, цыкъ-цыкъ-цыкъ жиIэу и дзэхэр хузэтрегъауэ.

— Шхэн фIэкIа уэ узыхуэIэзэ мы дунейм теткъым! – жи. – Бадий тхьэмахуэ хъуауэ емышхэрэ, емыфэрэ, мыжейуэ тетщ а Iуащхьэм: е нобэ е пщэдей щхьэукъуэнурэ Iурихынущ ар. Иджыпсту тэджи гъэзэж аби, уи нэрыплъэжьыр зыIудзи, уи нэр мыупIэрапIэу еплъ. Бадий зэрыщхьэукъуэу, вертолет гъакIуэ аби, и къунаным зэрытесу къегъэхь.

Инэрал сырыхужьыр пащтыхьым и уардэ унэжьым къыщIожыж, уд бзаджэ гуэр яIэти, ар здешэри зауэм мэкIуэж.

Удыр Iуащхьэ гуэрым тоувэри, Бадийм ебжу щIедзэ – игъэжеину.

Инэрал сырыхур удым бгъуроувэри, и нэрыплъэжьыр зыIуедзэр аби, Бадий йоплъ.

Удыр йобж, инэралри йоплъ; удыр йобж, инэралри йоплъ. АрщхьэкIэ, Бадий мыщхьэукъуэу, инэрал сырыхум пырхъын щIедзэ. Чынт сэлэтхэм пэгункIэ псы щIыIэ къахьым-къытракIэурэ къагъэушыж. Аргуэрыжьти, удыр йобж, пщIэнтIэпсыр ирикъуэкIыу; инэралри йоплъ, пщIэнтIэпсым и нэр щIисыкIыу – Бадийр яхуэгъэжейркъым. Пащтыхьыжьыр къокIуэри Акъуэ[1] къыдотIысхьэ, шхыдэрэ хъущIэу… Сытми зы зэман зэ Бадийм и щхьэ бэлацэ цIыкIур къыфIощIэри Iурех. Къунанри зэфIэту мэжей.

Инэрал сырыхур зыхуеиххэрати, и вертолет сырыхужьыр егъакIуэ:

Вертолет сырыхужьыр Бадий щхьэщоувэ, кIапситI къредзыхри, къунаным и ныбэм къыщIеу аби, къеIэт. Шу зэтесыр жейуэ кърехьэжьэ.

Къэхъуар къыщыгурыIуэм, пащтыхьыжьыр ныкъуэшхэу къыщолъэтыж аби, и пащIэкIитIым сабэлырыгъуейр къаIэту, уэрамым къыдолъадэ:

  • Уэихь! – жи. – Фи пащтыхьыжьыр къэвмыгъанэ!

АрщхьэкIэ зы инэрали зы сэлэти къыхуеплъэкIакъым: щхьэж и щхьэр зэрыхихыным и ужь итт.

А вот еще несколько наших интересных статей:

  • Сырокопченая колбаса как пишется н или нн
  • Сьедят или съедят как пишется
  • Сью по английски как пишется
  • Сыщик из сказки родари 6 букв сканворд
  • Сын самовар и привидения в сказке крапивина 5 букв
  • Поделиться этой статьей с друзьями:


    0 0 голоса
    Рейтинг статьи
    Подписаться
    Уведомить о
    guest

    0 комментариев
    Старые
    Новые Популярные
    Межтекстовые Отзывы
    Посмотреть все комментарии